ЩӀыбзу
ЩӀыбзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Артроподхэр
ХэкӀ: ХьэпӀацӀэхэр
ХэкӀыгъуэ: Дамэзандэхэр
ХэкӀыгъуэ къуэдзэ: БжьэпащӀэхэр
Лъэпкъыщхьэ: Grylloidea
Лъэпкъ: ЩӀыбзухэр
Лъэпкъыгъуэ: ЩӀыбзу
Латин цӀэр
Gryllotalpa Latreille, 1802


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

ЩӀыбзу (лат-бз. Gryllotalpa, урбз. Медведка) — цӀыв-псэушъхьахэм ящыщ.

АплъэпӀкъыр зэгъэзэхуэжын

ШӀыбзур цӀыв-инхэм ящыщ, икӀыхьагъыр ( пакӀэцхэр хэмыту ) см 5 носыр. НыбэкӀэр з нэхъин бгъээшъхьам нэхърэ, фэшъабу, хуэхъуреуэ, кӀыхьу щыт; ибгъуагъыр см 1 нэсу, икӀэм псыгъуэ-кӀыхьу цыитӀ тетыр см 1 хуэдиз якӀыхьагъу. Бгъэм фэбыдэ тету щыт, ишъхьар абы кӀигъапшкӀуэфу, нэшхуитӀ фӀыуэ къыхэщу иӀа, пакӀэ-кӀыхьитӀрэ дзэжъытӀрэ ( едзэгъуным тегъэпсыхьауэ ) жэбгъухэм Ӏуту иӀа. Ияпэрей лъэкъуитӀыр адрейхэм ямыхьчу щыт, шӀыгу къэтӀыным хуэгъэпсауэ, кӀэкӀху, бгъуэуэ щытхэ. ШӀыбзу инхэм дамэ ятет, зэтелъэхьауэ щыщыткӀэ псыгъуэ-кӀыхьхэ, нэхъыбъэмкӀэ иныбэкӀэм нэхъри нэхъкӀыхьу.

ИкӀыфэр гъуабджу ишъхьамкӀэ щыт, икӀагъымкӀэ нэхъ нэху хъууэ, пшахъуафэм нэсу, илъэпэхэм ифэри абы хуэду щыт. Ишъхьамрэ ибгъэмрэ гъуабджу щытхэ.

Зэрыпсохэр зэгъэзэхуэжын

Инэхъыбэм цӀывыр шӀыкӀэгъым щопсоу ауэ шӀышъхьами фӀыуэ къэжыхьыф, псым йорсыф, мэлъатэф. ШӀым къыщыкӀэпшыр джэщыкӀэ. ШӀымахуэр шӀыкӀагъым ехьыр м. 2 иэ нэхъыбу икуагъу.

Ишххэр нэхъыбу шӀыкӀагъым щыпсоу псэушъхьахэр: хьапӀацӀэ, хьамблу, цӀывцӀыкӀу хэдэхэр. Ауэ езы шхынымкӀэ зэхэдз ишъкъым.

ШӀыкӀагъым игъуэгухэр кӀытӀыкӀыурэ къэкӀыгъэ ягъэкӀхэм зэран куэду яхохъухэ, я лъабжъэхэр яугъуэнырэ.

Зэрзэпыхьахэр зэгъэзэхуэжын

ШӀыбзу-бзым мы кууэ шӀым абгъуэ ешъыр, ипкӀашъхьа хъуреуэ щытыр шӀым къыхэщу - джэдыкӀэ игъэтӀылъахэр дыгъэм игъэхуэбын шъхьакӀэ. ИгъэтӀылъыр джэдыкӀыу 100 хуэдиз, къыкӀхэр псомкӀи инхэм яхьчу щытхэ нэхъ нэху щымыхъукӀэ. Илъэс зытӀущкӀэ зэфӀоувэхэ.

Лъэпкъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Gryllotalpa africana
  • Gryllotalpa fossor
  • Gryllotalpa gryllotalpa
  • Gryllotalpa hexadactyla
  • Gryllotalpa unispina