Ӏузэв
(Iузэв къызыхэкӀар)
Ӏузэв — псым и зы къыхэгъэщхьэхукӀа пӀэ, щӀыпӀитӀым я зэхуакум дэлъу псы бассейнитӀыр ерэ абыхэм я ӀыхьитӀыр зэпызыщӀэу щыт.
Ӏузэвхэр зэрызэхадз
зэгъэзэхуэжынӀузэвхэр зэхадз кӀыхьгъкӀэ, бгъуагъкӀэ, кууагъкӀэ. Ахэм нэмыщӀ псы уэрхэм я гъэзапӀэхэмрэ я псынщӀагъымрэ къагъэлъагъуэ. Кхъухьхэр нэхъ щызекӀуэ Ӏузэвхэм лоциэхэр яхузэхалъхьауэ щытщ.
Дунейм и нэхъ кӀыхь дыдэ Ӏузэвыр — Мозамбик Ӏузэвыращ (и кӀыхьагъыр 1760 километрэу мэхъу). Нэхъ бгъуэ дыдэр — Дрейк Ӏузэвыращ (и бгъуагъыр 860 километрэу мэхъу).
Ӏузэвхэм я классификациэхэр
зэгъэзэхуэжынӀузэвхэр хышхуэм и бассейнымкӀэ
- Ӏузэв, зы хышхуэм и бассейным ит (Дарданеллэ)
- Ӏузэв, хышхуитӀым я бассейнхэр зэпызыщӀэ (Беринг)
Ӏузэвхэр континентхэмкӀэ
- Ӏузэв, зи Ӏуфэхэр зы континентым хиубыдэ (Скагеррак)
- Ӏузэв, зи Ӏуфэхэр континентитӀым хиубыдэ (Гибралтар Ӏузэв)
Ӏузэвхэр дуней-ижь статусымкӀэ
- Ӏузэвхэ, хуит хым и Ӏыхьэхэр ерэ экономикэ зонэхэм я Ӏыхьэхэр зэпызыщӀэ, кхъухьхэр хуиту щызекӀуэ (Сингапур, Баб-Ӏел-Мандеб Ӏузэвхэм хуэдэ)
- Ӏузэвхэ, къэралитӀым я зэхуакум дэт, дуней-ижь статусымкӀэ зэрзыгурыӀуауэ хамэ къэралхэм а кхъухьхэр хуиту дагъэкӀ хъуну (Каттегат)
- Ӏузэвхэр, зы къэралым и зэхуакум дэт, къэрал куэдым я кхъухьхэм къагъэсэбэпу, ауэ къэрал зызейм хуейм димыгъэкӀыу щыту (Босфор
Нэхъ пщӀэшхуэ зиӀэ Ӏузэвхэр хышхуэхэмкӀэ
зэгъэзэхуэжын- Вилицки Ӏузэв
- Гудзон Ӏузэв
- Карск Ӏузэв
- Лонг Ӏузэв
- Маточкин Ӏузэв
- Санников Ӏузэв
- Фрам Ӏузэв
- Шокалск Ӏузэв
- Югор Ӏузэв
- Ӏузэв Дмитрий Лаптев