Амазонэ
Амазо́нэ (порт-бз. Amazonas) — Ипшъэ Америкэм ежэх псы, псыхъуэкӀэ, псы итымкӀэ, кӀыхьэгъымкӀэ дунем и нэхъ ин.
Амазонэ порт-бз. Amazonas | |
---|---|
Амазонэ и пэр | |
КӀыхьагъыр: | 6992.06 км |
Псыхъуэм и инагъыр: | 7,180 км² |
Псыуэ ихьыр: | 220 мин м³/с |
КъызхэкӀыр: | Маранионымрэ Укаялимрэ я зэхэлъэдэгъуэм |
КъыхэжыпӀэр: | Арекипо куей (Перу) |
И пэр: | Атлантик океан |
Хэкур: | Перу (здыкӀидзэр) Колумбиэ Бразил(здиухыр) |
Амазонэ Уикисурэтылъэм |
Нэхъышъхьэ къэӀохугъуэхэр
зэгъэзэхуэжынАмазонэм и нэхъыбэр Бразилым хэт, ипшъэ-къуэхьэпӀэмрэ, къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэмрэ Боливиэм, Перум, Экуадорым, Колумбиэм джоуэ хэтхэ. И нэхъыбэмкӀэ Амазонэ лъахъшэгъуэм ежэхурэ, экуаторым гъунэгъу пэщылъу, Атлантик океаным холъадэ дунем и нэхъ ин делтэ ишъу.
Амазонэм псы бжыгъэ холъадэхэ, 20 хуэдизыр абыхэм км 1500 фӀокӀыр я кӀыхьэгъкӀэ.
Хэлъадэхэм я нэхъ инхэр: ижьэ лэныкъуэмкӀэ - Журуа, Пурус, Мадейра, Тапажос, Шингу, Токантинс; сэмэгу лъэныкъуэмкӀэ - Иса, Жапура, Риу Негру.
Псыуэ ихыр курытыгъу ипэмкӀэ мин 220 м³/с (гъэм елъытауи щыт мин 70 щыкӀэдзауэ 300 м³/с фӀокӀыфыр). Илъэсым псыуэ ирижэр 7000 км³ хуэдиз мэхъур (шӀыгум псыуэ ирижу хъуам я 15% хуэдиз ар).
Хэлъадэ псыхэм ядэкӀыгъу Амазонэм кхъухь зекӀуэгъуэ гъогу зэпыт бжыгъу мэхъур, я кӀыхьэгъыр мин 25 км фӀэкӀху. Амазонэм и псыхъуэдыдэм кхъухь зекӀуэнымкӀэ 4300 км къагъэсэбэп.
Кхъухь ӀухьэпӀэ къалэ нэхъышъхьэхэр (ипэм щыкӀэдзауэ докӀуэ): Белен, Сантарен, Обидус, Манаус - Бразилым ехэ; Икитос - Перум ей.
ЦӀэр
зэгъэзэхуэжынПсым и цӀэр езытар де Орейанэ, псым идежь индео лъэпкъым пэкӀэхуа яуж, а лъэпкъым я бзылъхугъэхэр хулъхугъэхэм ядэкӀыгъу зауэхэт. Де Орейанэм цӀэ триӀуар алыдж хъыбарыжъ Африкэмрэ Азиэмрэ щыщ амазонэхэм ятепсэлъыхьым къыхиха, Геродотым къиӀотахэтэр. Ауэ, хъункӀи мэхъур пэмыкӀыу, псалъэ Амазонэр хэукъэгъу псалъэ гъэпцӀэгъуэм къыхэкӀауэ, индеохэм я псалъэ ехьчым Амазонэм, эспанхэм абым хагъэгъуэщауэ, а псалъэм къикӀтэр «кхъухь зэхэкъутэ», апхуэду хыор инхэр щырикӀуэ мэхъур псымкӀэ Атлантикым щыпэкӀэхуэм дей.
Конкистар кӀимыдзэ кӀышъэ псым зы цӀэ иӀэкъым, индео лъэпкъу хъуам и лъэныкъуэ къэс цӀэ гуэрэ иратауэ щыта мыбыхэм хуэду: Паранагуасу (Хым и Благъэшхуэ), Гу'иерма, Солимоес пэмыкӀхэр. 1500 гъэм Висенте Яниэс Пинсон, шъэныгъэ хэлъхьэным и зекӀуэм и тхьэмадэр, япэрей еуропеуэ щыта псым ирикӀуар къагъуэта яужым, и псым уэфи хъууэ, кхъухьхэри ирикӀуэфу къишъауэ. Пинсоным псым триӀуар Санта Мариа Хы ӀэфӀ, яужым кӀэкӀ хъужьа Хы ӀэфӀ (иджыри къыздынэсым а цӀэр етӀуану зэрехьэ Ла Платам). ЯужкӀэ кӀуа илъэсхэм 1502 къызэриӀохур Рио Гранде иэ Орейанэ джоуэ. Пинсон и гъусэхэм псым МаранионкӀэ йоджэхэиндеохэм я псалъэм къыхэхагъэн хъууэ а цӀэр. ЦӀэр эспан псалъэ «мараниа» (maraña) къыхэкӀынкӀи мэхъур, зэдзэкӀамэ къикӀыр пабжъэ, Амазонэм и псыхъуэр бэгъуамкӀэ зекӀуэхэми зэран куэду къахуахьауэ щыта. Тауэ щымытми Бразил кӀуэцӀымрэ Перум и джылэмрэ псым зэреджэхэр Мараниао.
КӀыхьэгъыр
зэгъэзэхуэжынДунем къэлъытэгъуэ къэнамкӀэ Амазонэр счыгъуи етӀуану ягъэувт и кӀыхьэгъымкӀэ Нилым яуж, я кӀыхьэгъ бжыгъэр зэрегъэкӀуэкӀыным зэгъэзэхуа гупшысэгъуэ зэ щымыӀэ шъхьэкӀи. Яужыреуэ зэрапшамкӀэ и кӀыхьэгъым иджыри км 740 хэхьа, абым амалыншу дунем и нэхъ псы кӀыхьу ишъа хъуа.
Нэхъ консерватор къэлъытэгъуэкӀэ псым кӀыхьэгъу иӀэр 6, 762 км. Ауэ, перу-бразил экспедициэ екӀуэкӀам, 2007 гхэм и бадзэуэгъуэм иухам зэрипшамкӀэ кӀыхьэгъыр 6, 800 км къыхэкӀа[1]. Абым псыхъуэм зэхъуэкӀыгъуэ кӀасу зэрекӀуэкӀыр егъэлъагъуэ. И пэм идежь и бгъуагъыр км 300 хуэдиз мэхъур, зэрапшар: Кабо до Норте щыкӀэдзауэ Пунто Патижока нэс, хы тӀыгу Маражори хиубыду, и инагъкӀэ Даниэм хуэдиз мэхъур, псы Парами и пэр хэту, и бгъуагъкӀэ км 60 хуэдиз хъууэ. Амазонэм и пэм и делтэ псым игъэпшкӀуфыр хы телъадэ - текӀыгъуэхэм км 100 хуэдиз мэхъуфыр.
Джыпсту, куэд мышъауэ Лимэм и Хэкумэтх Лъэпкъэгъум къызэриӀохуамкӀэ, ар Дунейпсом шъэныгъэ лъэпкъэгъухэми кӀаубыдауэ Амазонэр къызхэжым и зэпэубыдыгъуэхэм иухыгъуэ ирата, Ипшъэ Перум Андхэм къыхэжу ягъувауэ, дунем и нэхъ кӀыхьу, Нилым км 40-кӀэ и кӀыхьэгъымкӀэ фӀэкӀыу.
И къыхэжыпӀэр здыкӀидзэр Апачета къуэм дежь, Ӏуашъхьэ Кеуишам и уэс гъэпсом телъхэм къыхож Арекипа куейм, 5, 170 м лъэгапӀэм; Перум, Колумбиэм, Бразилым хэжурэ км 7, 062-кӀэ Атлантикым носыр. Псы хэлъадэхэм игъусу быбжмэ Ипшъэ Америкэм и къэралибгъум хож джыпӀэ хъуну - Бразил, Боливиэ, Перу, Экуадор, Колумбиэ, Венесуэлэ, Гаянэ, Фрэндж Гуинеэ, Суринам джоуэ.
Зандэгъуэр
зэгъэзэхуэжынКъуэхьэпӀэмкӀэ икӀэ щэӀэм щымыхъукӀэ псыр и нэхъыбэм занкӀыу йожэхыр. Къапштэмэ къалэ Икитосыр ипэ Атлантикым здыхэлъатэм км 3, 646-кӀэ пэщылъыр и лъэгапӀэкӀэ дунейхым метрэ 106 нэхъ шъхьэщыткъым. [2]
Поророка
зэгъэзэхуэжынИ пашъхьэ лъэныкъуэм ишъхъэрэм кабо дел Норте щыкӀэдзауэ км 160 кӀуэуэ зэкӀэлъыпыту хы тӀыгу бжыгъэ хэтхэ, ятӀэгъум хэкӀаху. А хэкумэтх зэхэтыкӀэм зи кууагъыр метриблым фэмыкӀыу щытым зы гулъытэгъуэ иӀэ, океаным псыр щыпэкӀэхуэм зэпоуэхэри хыор къыхокӀыр, гъуахъу кӀуэху къэс нэхъ псынкӀэ, нэхъ лъэш хъууэ, 15 - 25 км/сэхьэтым, зыкъызэриӀэтыр 1,5 - 4 метрэ хуэдизу, псыблын зыӀэтауэ щыт.
Еуропейхэм шъэныгъэзекӀуэ ирагъэкӀуэкӀахэтэр
зэгъэзэхуэжынЯпэрей еуропей Амазонэм Ӏухьатэр Америко Веспучио 1499 гъэм, псым и пэмкӀэ хэкӀауэ щыта[3]. Яужым эспан Висенте Яниес Пинсонымрэ Диего де Лопемрэ ипэм зэхэт хы тӀыгу бжыгэхэм ихьэхэри зэпаплъыхьахэ. Япэреуэ еуропейхэм ящыщу Амазонэр Андхэм къызэрхэкӀыр къэзышъар да Орейана 1541 гъэм. Япэреуэ псымкӀэ дэкӀуеяр еуропейхэм къахэкӀауэ Педро Тежиейру Португалым щыщ, 1638 гъэм псы НапомкӀэ гъогу хилъхьэри Кито нэсауэ щыта. 1639 гъэм шоджэн Акунарэ Актиэдэрэ пэштыхьейгуэт Перум и тхьэмадэхэр дэкӀыгъу къигъэзэжьа.
1541 гъэм, мазаем и 4-м да Орейана къалэ Гуаякилим къыдэкӀри Кито къэкӀуа, зэкӀуэ зэхигъэхьэну, нэрыбгэ 24-рэ зэхуэчэ абым. Зекуэ здежьам бжыгъэрэ индео лъэпкъхэр япэувурэ зауэ хэхуахэт. Зэман гуэрэ текӀауэ зекӀуэ хэтхэр хэкӀуэдэн кӀадзахэ, къэру ямыӀэжьу, шхыныр яухауэ цӀыхухэр лӀэт. Дыгъэгъазэр екӀуэкӀт зэкӀуэм хэтхэм я нэхъыбэм къагурыӀуат здежьахэм зэрнэмысынухэри зыкъаӀэтын кӀадза. Ауэ, щыгугъыным дэӀэпыкъуэгъу къыхэкӀыурэ 1542 мазаем и 12-м зекӀуэ гупыр псышхуэ хым пэкӀохуэхэ.
ЦӀэ «río de las Amazonas» - Амазонэхэм я псы да Орейанам щытриӀуар 1542 бадзэуэгъуэм и 24-м, бзылъхугъэ гупым лъыгъэ зэрахьу щезэуахэм.
Абориген лъэпкъхэр
зэгъэзэхуэжынАмазонэм тхыдэ кӀыхь иӀэ и шӀыпӀэм цӀыхухэр зэритӀысхьэм. Ар поувэ гупшысэгъуэшхуэ щыӀэм, уэшх мэзым лъэпкъэгъуэ мыкуэч иныфӀ иса, Колумб Америкэм имыхьа кӀышъьэ. А лъэпкъэгъум керамикэ яшъыт, къэкӀыгъэхэр ягъэӀэрысэт, къашъхьэпэнухэр нэхъыбу ягъэкӀыным пылъу. Гупшысыгъуэ Амазонэ цӀыху здимыхьар къызхэкӀар джылэр икӀын щыкӀидзам XVI лъэхъэнэм еуропейхэр хэкум ихьэн щыкӀадзам. Лэжьыгъэ гуэрэхэм зэрагъэлъагъуэмкӀэ 11,8% мэзым щыщ шӀыгур удынауэ/быду щыт, ар къызхэкӀар цӀыху Ӏэрышъыгъуэм. Иджырей исхэм елъытамэ текникэ къэгъэсэбэпымкӀэ Амазонэм аборигенхэм илъэс минитхукӀэ зырагъэсат езым я къышъхьэпэгъуэр мэзым къыхахыну зэран хуэмыхъуху. ГурыӀуэгъуэ яхэлът лӀэужъыгъу хъуам мыхьэнэшхуэ биологиэ системэмкӀэ зэраӀэр мэз здыкӀэсхэм. А лъэпкъэгъум ящыщ бжыгъэ псышхуэ Ӏуфэхэм Ӏусхэт, кхъухь зекӀуэкӀэр, бдзэжъей ешъэныр фӀыуэ яшъу, псыр щехым шӀы къуэпцӀэнхэр хаду къагъэсэбэпху. Ауэ еуропейхэр къихьа яуж ахэр япэреуэ хъуа хэкӀуэдахэр псыхэр зекӀуэпӀу зэрагъэсэбэпым шъхьэкӀэ. Еуропейхэр хэкум зэрихьэрэ зы лъэхъэнэ текӀа къуэдеуэ индеохэм я бжыгъэр 90% хэкӀа. А лъэпкъым щыщхэм я нэхъыбу къэнахэр мэзкӀуэцӀым кӀэсхэт, еуропейхэр мэз гъунапкъэхэм я хъуреягъыр яубыдагъыхэт апкӀэнтӀэхум, гупшысыгъуи щыӀэ мэзым къыкӀэнахэр счыгъуи ибым кӀэсаху лъэпкъэгъу/гуп нэхъ цӀыкӀуху. Писарро Инкхэм я империэ зэриубыдрэ бразил каучукым дунем и кӀасэгъуэ мыхъу кӀышъэ (Япэрей дунейпсо зауэм и кӀэдзэгъуэхэм) католикхэм я колониэхэм нэхъышъхьэ Шоджэнхэм я ӀэнатӀэгъуэкӀэ, испанхэмрэ португалхэмрэ индеохэр цӀыху ямылъыту яхущытхэт, иджыри къыздынэсым апхуэдэ яхущытыкӀэ щыӀэ каучук лэжьыгъэхэм, колонистхэм, лэжьыгъэ мэзым кӀэтхэм.
Фаунэмрэ Флорэмрэ
зэгъэзэхуэжынАмазонэр гъэшъэгъуэну бэуэ щыт къэкӀыгъэхэмрэ псэушъхьэхэмрэ. Хэкушхуэм хэс икӀы къыщокӀыр милыуаным фӀэкӀу лӀэужъыгъэхэр, дунейпсом и япэреуэ щыт лӀэужъыгъэхэм я бжыгъэкӀэ. Шъэныгъэхэм я лэжьакӀуэхэм къызараӀохумкӀэ 10 км² Амазонэ мэзым техуэр: 1,5 лӀэужъыгъу удзгъагъэхэм, 750 лӀэужъыгъу жыгхэм, 125 лӀэужъыгъу чэрыпӀхэм, 400 лӀэужъыгъу бзухэм, хьэпӀацӀэхэмрэ джабэрыншэхэмрэ бжыгъэ яӀэкъым. ЛӀэужъыгъэ бжыгъэм тепсэлъыхьыгъуэрэ идентификациэрэ иджыри къыздынэсым яӀэкъм.
Амазонэ и псыхъуэм дунем и нэхъ ин тропикэ мэзыр ит. КъэкӀыгъэ къуэдейкэ зэфӀэгъува дунем и Ӏэшъагъу зэртепсэлъыхьар абым фон Гумболдтым Ишъхъэрэ Америкэм зекӀуэ щыхэтам 1799-1804 гъэхэм. Экуаторым и мэз гъэпсом зи тхьэмпэ пымыхум и хьэйуар хуабу, цӀыну щыт, гъэпсом и темперэтурэр здыхэзагъэр 25-28 °C, джэщырами хуэбэгъуэр 20 °C нэхъ ехкъым. Уэшх къэшхынымкӀэ мэзыр кӀасу щыт: илъэсым къешхыр 2000-4000 мм, абым щыфӀэкӀи мэхъур. Мэз кӀуэцӀым жьыбгъэр нэскъым, уаэ щыхъурами жыгышъхьэхэр нэхъ игъэсыскъым. Тхьэмпэ зэхэтыхэмрэ жыгдэжейхэм я пкъы зэрыдзахэмрэ жыг пкӀащхьэхэм нэху макӀэ кӀэхьэр, къэкӀыгъэ Ӏуву зэкӀэкӀахэми мэз кӀуэцӀ зекӀуэным куэду зэран хохъур, хэгъуэщыхьыным нигъэсурэ. Лъэныкъуэ гуэрэм мы джыжьу унэсыным шъхьэкӀэ гъогур хэудурэ пхырыкӀын хуэй мэзым.
Нэхъ бэуэ къэкӀыгъэхэм ящыщу мэзым къыщыкӀхэр жыгдэжейхэра - зэв гъэч, кӀэху къэкӀхэр, я кӀыхьэгъыр метрэ 100-м фӀэкӀху. А къэкӀыдэхэм жыгхэм я пкъым зырачэкӀыурэ жыгышъхьэм докӀуэйхэр, нэху здагъуэтым, абдежьым я къудамэхэри зэкӀокӀыр, мэгъагъэхэ, джылэ къахокӀыр. Жыгхэм зырачэкӀыным шъхьэкӀэ къагъэсэбэпыр убыдыгъэ гъэчхэр, банэхэр. Гъэшъэгъуэну къэкӀыгъэхэм ящыщыр Амазонэ викториэ, псы-аӀуэйгъурцышхуэ , апшуэдизымкӀэ лъэшу щытхи и тхьэмпэм зы цӀыху ичэчыфыну.
Псы Ӏуфэм и пэмыджыжьу капибарахэр щопсо - родентиэхэм я нэхъ ин дунем тет (и хьэлъагъыр кг 50-м носыр). Псы ефэну Ӏуфэм Ӏухьэхэм ешъакӀу яжэр анакондэ - блэхэм я нэхъ индыдэ, псымы щошъакӀуэфхэ, псым дежь каймани иубыду итхьэлэфыну. Амазонэм и псэушъхьэхэм абыхэм пэмыкӀыу яхэтхэр амазонэ хыкхъуэ, тапир - фӀыуэ ерсыф псэушъхьэ, и хьэлъагъыр кг 200 зэрфӀэкӀым емылъытауэ, и нэхъыбэм изакъу зегъэхъур, псыгъунэ гъогухэмкӀэ ирикӀурэ, ишхыр тхьэмпэхэр, къудамэкӀэхэр, пхъышъхьэмышъхьэхэр, псыудз бжыгъэхэм ящыщ. Нэхъ хуэсакъыгъэ зыхуэшъын хуэуэ Амазонэм и псэушъхьэр, псым кӀасу хущытыр, псым кӀэуэфынури щы шъакӀуэм идежьым - ягуар.
Амазонэмрэ и псы хэлъадэхэмрэ бжъэжъей лӀэужъыгъу 2000 фӀэкӀыу хэс. Абдежь къуэдейра бдзэжъей тамбакир здэпсор, каучук жыгхэм я пхъышъхьэмышъхьэхэмрэ джылэ псым хэхуахэм нэхъ ямышху. ПэмыкӀыу иджыри гулъытэгъуэ зыратхэр: протоптэрхэр яужырейуэ денм къытенэжьахэм ящыщ бжъэжъей, псыми шӀыми жьы ичэфу, арауанахэр зи кӀыхьэгъыр метрэм нэсу, псым къыхэпкӀыурэ цӀыв къудамэ псым шъхьэщытхэм тетӀысхьахэр иубыду. Амэзонэм и нэхъ цӀэрыӀу щытыр пираниэхэр - бжъэжъей мы ину щытхэр, я кӀыхьэгъкӀэ 13 см щыкӀэдзауэ 40 см нэсхэр, шхынкӀэ нэпсеуэ щытху, шъакӀуэн псоукӀэ яӀу. Псэушъхьэ инхэми ятеуэфынухэ, псым икӀхэм (блэхэм, шэрыпӀхэм). ЦӀыхухэми ятеуэфынухэ, лъым имэ къакӀихьамэ, бжъэжъей гупыр а сэхьэтым тоуэр, я дзэхэмкӀэ лы такъырхэр хатхъурэ, зытеуам и къумшъхьэ нэхъ къагъанэкъым.
Бдзэжъей харакимрэ Phractocephalus hemioliopterus ину мэгурымхэ, псышъхьэми къэӀукӀыу, Амазонэм бжъэжъей «уэрэдджыӀэ» бжыгъэ зэрыхэсыр зэпхар и псыр Ӏэуэ утхъуауэ зэрщытым шъхьэкӀэ. Апхуэдэ псым бжъэжъэйхэм я зэрлъэгъуныр гугъу щытхи, макъыр къагъэсэбэп зэрыгъуэтын/зэгурыӀуэным шъхьэкӀэ[4].
Псы хэлъадэхэр
зэгъэзэхуэжынПсы хэлъадэхэм я тхылъ
| ||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||
Гъэлъэгъуа псыхэр зи кӀыхьэгъыр км миным фӀэкӀ |
XX - XXI лъэхъэнэхэм
зэгъэзэхуэжынИлъэс 400 текӀауэ еуропейхэм Амазонэр къызэрагъуэтрэ, зэрагъэшъауэ и лъэныкъуэхэм 65 км² нэхъ хъутэкъым (абыхэм и къыхэжыпӀэ къушхьэ дэкӀыпӀэ зимыӀэхэр хэмыту). А Ӏохугъуэр XX лъэхъэнэм кӀэху зызэрехъуэкӀыр.
Хамэ къэралъыгъуэхэм лъэпкъым и ресурсхэр ирахынымкӀэ Бразилым и тхьэмадэгъуэр XX лъэхъэнэм и 40 гъэхэм Аазонэм и кум хэт шӀыпӀэхэм и зэгъэзэхуэн, къэгъэсэбэпыным похьэ, мэз гъунапкъэм нэхъ ипэджыжьу, хамэ къэралыгъуэхэм здаӀыгъым хапӀэшхуэхэр ящэхуауэ. Абым щыщу унафэ нэхъ инхэр абым хэзылъхьар президент Жетулиу Вергасым, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр щекӀуэкӀым Дзэ зэгуэтхэм каучукыр яхуигъакӀуэт дэӀэпыкъуэгъу хуэду.
1960 гъэхэм къалэ нэхъышъхьэ кӀэ халъхьэ Бразилиа Амазониэм, ари сэбэпыгъу мэхъур псыхъуэр нэхъ зэгъэшъэным. ЦӀыху дэгъэтӀысхьэным а лъэныкъуэмкӀэ Ӏохушху мэхъур къэралым шъхьэкӀэ, Бразилым и ишъхъэрэ-къуэкӀыпэ лъэныкъуэм унагъуэхэр бжыгъу къырачри ягъэтӀысхэр, шӀыгу пудкӀэ къагъэнацӀэху, мэз къуэдейр абым ихын нэхъ хуэмеуэ. Хьэблэ бжыгъэхэр Бразилиамрэ Белемымрэ я зэхуакум дэлъ гъогум и гъунэм халъхьу кӀадза, ауэ, мэзыр здыраха шӀыгур хадэкӀэ къамгъэсэбэпыфу мыхьэнэншу къыкӀэкӀа.
Тауэ щымытми хэку зэгъэшъэным яуж икӀахэкъым. Мэзым гъогухэр ирагъэкӀуэн кӀадза. Абыхэм ящыщу лэжьыгъэ нэхъ иныр 1970 гъэм кӀадза Трансамазониэ гъогу. ИлъэсипшъкӀэ гъогушхуищ яшъа, ауэ, гугъу яхэлъауэ хъуар ягъэзанкӀэжьакъым. Трансамазониэм и нэхъыбэхэр, BR-319 хуэдэр (Манаус - Порто Вело) къагъэшъхьэпэфхэкъым уэшхэм я гъэр щыкӀидзэм.
1, 800 млн цӀыху дэсу Манаусыр къалэ нэхъ ину щыт Амазонэм тету. Манаусым джылу дэсыр 50% мэхъур Бразилым и Амазониэм дэсу хъуам. Къалэм и джылэр нэхъыбэм мулатхэ 32%, еуропейхэр 32%[5].
Гулъытыгъуэ
зэгъэзэхуэжын- ↑ Amazon Longer Than Nile River, Scientists Say National Geografic и хъыбарыкӀэхэр (индж.)
- ↑ Псы ечэхыгъэр DatosFreak.org къыщыӀохуар 13-04-2010(эсп.)
- ↑ «Амазонэм и нэхъ къэӀотэгъуэжъхэр» ШъэныгъэмкӀэ и лэжьыгъэ Йури Левератто и тхыгъэм.(эсп.)
- ↑ Морозов Гулъытыгъуэ биоакустикэр. Тхылъ 2-нэ. — М.1987. — 208 н. + 32 н. хиубыду — Н. 26-30
- ↑ Хэкумэтхымрэ Статистикэмрэ Бразилым и Институт. Манаус, Бразил. Лэжьыгъэр щышъар 2009-01-31
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын- Перум и куей Амазонэм хиубыдэр (эсп.)
- Франсиско де Орейана и шӀыналъэр (1511-1546) Амазонэр япэреуэ зэӀузыхар (эсп.)
- Виртуал зекӀуэ Амазонэм и дунем (индж.)
- Амазонэм теухуа хъыбархэр (индж.)
- Ишъхъэрэ Америкэм и шӀыпӀэтхыпхъэхэр (индж.)
- Сурэтхэр (индж.)