Ахъо
Жыгымрэ пхъышъхьэмышъхьэмрэ я теплъэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Хьэцыбанэгъагъ
Лъэпкъ: БэидэкӀейхэр
Лъэпкъыгъуэ: Ficus
ЛӀэужъыгъуэ: Ахъо
Латин цӀэр
Ficus carica L. (1753)


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 19093
NCBI 3494

Ахъо (лат-бз. Ficus carica, урбз. Инжир, фиговое дерево) — тхьэмпэпыху жыг, Азиэ Курытым, Ипшъэ Къаукъазым, Хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэм къыщыкӀ.

Шъэныгъэ теплъэр

зэгъэзэхуэжын
 

И лъэгагъыр м 10-12 хуэдиз мэхъур, и теплъэкӀэ хъурей-бэрину щыт, жыгым къудамэ куэд ишъкъым, гъум, и пхъафэр шхъуэ-фӀыцӀафу щыт.

Ахъо жыгым и тхьэмпэхэр хъурей шъыкӀыу щытхэ, ибза куухэр яӀу, я инагъ-бгъуагъыр см 10-30 нэсху, бжыхьэм дежь гъуэжь мэхъухэри полъэлъыжьхэр.

Пхъышъхьэмышъхьэхэр гъэмахуэкӀэм хъун къырагъажьэри бжыхьэм мэхъупэхэ, я теплъэкӀэ кхъужъӀэрысейм яхьчхэ, я фэр хуэкъуафӀцӀу.

Къэгъэшъхьэпэгъуэр

зэгъэзэхуэжын

Ахъом и пхъышъхьэмышъхьэхэр цӀынуи яшхыр, яупшъэфӀуи къагъэшъхьэпэр. Пхъышъхьэмышъхьэхэм хушхъуэ яхэлъ, шхыныгъуэфӀу щыт, ягъэгъу иэ фочыгъум хэлъу ягъавэр.

Зы гектар жыгхадэм гъэм пхъышъхьэмышъхьу центнер 150-200 нэс къетыр. Жыг лъабжъэм къыдэж бжыгъэ ешъыр.

  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъэ.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын