Бгъэнджэд
Бгъэнджэд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: МэкъупӀэджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бгъэнджэдхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бгъэнджэд
Латин цӀэр
Porzana porzana Linnaeus, 1766
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176241
NCBI {{{1}}}

Бгъэнджэд (лат-бз. Porzana porzana) — мэкъупӀэджэд лъэпкъщ.

Porzana porzana

Дамэ лъэныкъуэр — см. 10,2-12,4, къешэч г. 80-130. ТхыцӀащхьэр фӀыцӀэщ, гъуабжэ-гъуэжьыфэ кусэхэр, ӀэпапӀэхэр хэлъу. Пщэр, хулъэр, бгъащхьэр — щхъуэщ, джабэр гъуабжэщ, кусэ хужьхэр зэпырыкӀыу.

ХэщӀапӀэ нэхъыщхьэр бгъэн, арджэн, намыщӀ псыудз лъагэхэр Ӏуву къыздэкӀ псы Ӏуфэхэр, псыпцӀэхэр.

ЩыӀэщ Урысейм и ищхъэрэ-къуэхьэпӀэм къыщыщӀэдзауэ Сыбырым нэс. Къаукъазми ущыпэщӀохуэ. Апхуэдуи — КъуэхьэпӀэ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъуэхьэпӀэ Африкэм, Азиэ ЦӀыкӀум. ЩӀымахуэр здигъакӀуэ щӀыпӀэхэм ящыщщ Каспий Хым и ипщэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэр — Атрек, Мургаб псыхъуэхэр.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.