Бзуущхъуэ
Бзуущхъуэ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Turdus philomelos Brehm, 1831 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр гъэпсом щӀымахуэр здырихыр | ||||||||||||||||
|
Бзуущхъуэ (лат-бз. Turdus philomelos) — бзугъуабжэ лъэпкъыгъуэм щыщщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынИ инагъкӀэ курытщ. ТхыцӀэр щхъуэ-гъуэбжафэщ, ныбэ щӀагъур хужьщ, кусэ фӀыцӀэ куэду хэсу. Хулъащхьэм гъуэжьыфэ къыщӀоуэ. И уэрэд макъыр жьгъыру лъагэщ.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынЛӀэужьыгъуэр хуабжьу зызубгъуащ, щогъуалъхьэ кхъуакӀэ мэзхэм Еуропэм, Къаукъазым, Азиэ ЦӀыкӀум, Сыбырым Байкал хыкъумым нэсу. ЩӀымахуэр щырех Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Еуропэм, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэ ЦӀыкӀум и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм. Къаукъазым мэлъэтэжу щопсэу.
Бзуущхъуэхэм я абгъуэр инщ, ар щащӀыр жыг зэмылӀэужьыгъуэхэм я къудамэ зэгуэкӀыпӀэхэм м. 1-10-кӀэ щӀыгум пэжыжэу. ТӀо къыраш. Къизышыр анэм изакъуэщ, ауэ шырхэр пӀыным хъури жыджэру хэтщ.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынӀусыр зэщымыщщ — хьэмблу, щыгъыныхь, хьэпщхупщ, цӀыв, бэдж; бжьыхьэм — мэракӀуэ зэмылӀэужьыгъуэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.