Грютвикен
Грютвикен (ин-бз. Grytviken) — Британиэшхуэм и хыщӀ щӀыпӀэ Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр я къалэ нэхъышъхьэ. Дунейм и нэхъ ипшэ дыдэ къалащхьэ.
Къалэ нэхъышъхьэр
|
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынКъалэр хы тӀыгу Ипшэ Джорджэм тетщ, тӀыгуныкъуэ Тэтчер и дыгъэкъуэкӀыпӀэмкӀэ гъэзауэ, дэлъэдапӀэ Кинг Артур и Ӏуфэм деж. Антарктидэ нэс 250 км нэблэгъэн фӀэкӀ дэлъкъым.
Грютвикен Антарктикэм тюристхэр нэхъ здекӀуалӀэ щӀыпӀэхэм ящыщщ. ЩӀыпӀэм и бгхэм, Ӏуащхьэхэм, мылхэм, къуэхэм икӀи нэмыщӀхэм цӀыху куэд дихьэххэу еплъыну къызэхуешэ.
Къалэм пэмыжыжэу пшы вымпӀухэм я колониэ иӀэщ.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынТӀысыпӀэр щаухуар 1904 гъэращ. Апщыгъуэм норвегхэм къалэр иджыпсту здэщыт къалэм деж джейхэр щаукӀыну базэ яувауэ щтащ.
1909 гъэм къалэр Британиэшхуэм Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэм я къалащьэ ищӀащ.
Джей-укӀым и пщӀэр ехуэхыжа иуж, къалэм абы и экономикэр епхати, тӀэкӀу тӀэкӀуурэ абыи и пщӀэр ехуэхыжащ.
1982 гъэм Фолклэнд зауэ зэманым щыгъуэ Архентинэм и зауэлӀхэм къалэр яубыдауэ щтащ. Тхьэмахуищ дэкӀа иуж Британиэшхуэм и зауэлӀхэм къалэр къытрахыжащ. Абы къыхэкӀыу 2001 гъэ хъухъу хы тӀыгур Британиэшхуэм и хыдзэлӀхэм яхъумэу щыӀахэщ.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынКъалэм джей-укӀым и пщӀэр ехуэхыжа иуж, цӀыху дэсыр зэуэ нэхъ мащӀэ хъуащ.
Иджыпсту абы дэсыр цӀыху 20 нэблагъэуращ. Гъэмахуэм туристхэм щӀыпӀэм къыщыкӀуэм деж цӀыху дэсыр 200 нэхъ мащӀэ дыдэу щӀегъу.
Сурэтылъэ
зэгъэзэхуэжын-
Грютвикен япэу къэзыгъэунэхуа Карл Антон Ларсен
-
Грютвикен нэхъ зыщиужауэ щта зэманым
-
Грютвикен 1914 гъэм
-
Грютвикен
-
Грютвикен и фэеплъыр
-
Грютвикен и музеир
-
Ӏуащхьэм укъеплъыхым
-
ЩӀыпӀэр щӀымахуэм
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |