Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр

Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр (ин-бз. South Georgia and the South Sandwich Islands) — Ипшъэ Америкэм хэт къэрал. Къалэ нэхъыщхьэр — Грютвикен. Къэралым хеубыдэр хы тӀыгу Ипшэ Джорджэрэ, абы нэмыщӀ Ипшэ Сандуичхэ хы тӀыгу зэхэт. Хы тӀыгухэр Атлантикэ хышхуэм и ипшэ лъэныгъуэмкӀэ гъэзахэщ. ЩӀыпӀэхэр Британиэшхуэм хохьэхэр. И инагъыр 3 903 км² мэхъу, цӀыхуу щыпсор цӀыхуу 30 фӀэкӀ хъукъым.

Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр
ин-бз. South Georgia and the South Sandwich Islands
Дэмыгъэ Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэм
Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэм и нып Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэм и дэмыгъэ

Кординатхэр: 54°15′00″ с. ш. 36°45′00″ в. д. / 54.25° с. ш. 36.75° в. д. (G)

Гоуидзэр: «"Let [or May] the Lion protect his own land" (Аслъэным и щӀыр иредвгъэхъумэж)»
Къэрал уэрэд: «God Save the Queen» (Макъ едэӀун (info))
Нэхъышъхьэбзэхэр инджылыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Грютвикен
Къалэ нэхъ инхэр Грютвикен
ӀэнатӀэ хабзэр конституциэ пэштыхьей
Пэштыхьэ
Генерал-губернатор
Елизавета II
Нигел Хьейвуд
ШӀыпӀэр
• Псори

3 903 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2006)
Ӏувагъыр

30 цӀыху
0,005 цӀыху/км²
Интернет-доменхэр .gs
Зэманыгъуэхэр -2
Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр Уикисурэтылъэм

Ипшэ Джорджэ

зэгъэзэхуэжын

Ипшэ Джорджэ — хы тӀыгу зэхэт, Атлантикэ Хышхуэм ипшэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзахэу. Хы тӀыгу зэхэтым хохьэр — зы хы тӀыгушхуэр, нэхъ цӀыкӀуу зыкъомрэ.

1675 гъэм къызэӀуихащ инджылы щэхуакӀуэ Антони де ла Роше. Япэу къэзыплъыхьу тепсэлъыхьар цӀэрыӀуэшхуэ хыерсылӀ Джеймс Кукщ 1765 гъэм.

XVIII-XIX лъэхъэнэхэм Ипшэ Джорджэм Инджылым къикӀауэ цӀыху куэд щыпсохэт хы псэущхьэхэм ешэхэу.

Иджы хы тӀыгум щыпсор цӀыхуу 30 нэблагъэщ. Гъэмахуэм абыхэм я бжыгъэр хохъуэ, хы тӀыгум щыпсо псэущхьэхэр къызэыплъыхьынухэм я фӀыгъэкӀэ.

Ипшэ Сандуичхэ хы тӀыгухэ

зэгъэзэхуэжын

Ипшэ Сандуичхэ хы тӀыгухэ — Атлантикэ Хышхуэм и ипшэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзахэу хы тӀыгу зэхэт. И инагъыр — 310 км². Хы тӀыгу зэхэтым хохьэхэр хы тӀыгу цӀыгу гуп. И нэхъ Ӏэта щӀыр — Ӏуащхьэ Белиндэ (1372 м), ар хы тӀыгу Монтегуэм тетщ.

Япэу къэзыплъыхьу тепсэлъыхьар Джеймс Кукщ 1765 гъэм.

Хы тӀыгухэм цӀыху щыпсокъым. Гъэмахуэм экспедициэхэм къаплъыхьхэ.

Джабэ Лъэбакъуэ

зэгъэзэхуэжын

Джабэ Лъэбакъуэ — псым ауэ къыхэщ, джабэ цӀыкӀухэщ. ЦӀырыӀуэ щэхъуар ӀуэрыӀуатэщ, а джабэхэм деж эспан кхъухь дыщэ зэрыз щӀилъэфауэ. А кхъухь ӀуэрыӀуатэхэм я фӀыгъэкӀэ, хыерсылӀ куэдым джабэхэр къаплъыхьауэ щтащ, иджыри къаплъыхь къагъуэтын яфӀэщӀу.

Псэущхьэхэмрэ къэкӀыгъэхэмрэ

зэгъэзэхуэжын

Хы тӀыгухэм дунейр щыщӀэӀэми псэущхьэ зэмылӀэужыгъуэ куэд щопсохэ. Псом нэхъ нэхъ къаплъыхьхэр хы тӀыгухэм щыпсо вымпӀухэращ. Ахэм нэмыщӀ хы тӀыгумхэм щопсохэ бзу зэмылӀаужыгъуэ, хы псэущхьэ куэдхэр.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

Гулъытэгъуэ

зэгъэзэхуэжын