Гупэж
Гупэж Aquilegia vulgaris
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: КӀэпхъпащӀэгъагъ
Лъэпкъ: КӀэпхъпащӀэ
Лъэпкъыгъуэ: Гупэж
Латин цӀэр
Aquilegia vulgaris


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 18728
NCBI 3450

Гупэж (лат-бз.: Aquilegia vulgaris, ур-бз.: Водосбoр) — гъэбжыгъэкӀэ псо къэкӀыгъэ, лӀэужьыгъуэ гупэжым ящыщ ( Aquilegia ), лъэпкъ кӀэпхъпащӀэм хэт.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

ШӀыпӀу хиубыдэхэр курыт, ипшъэ Еуропэм, Скандинавым. Ишъхъэрэ Америкэм ирахьауэ абыми къыщокӀ. Урысейм еуропэ лъэныкъуэм къыщокӀыр.

КъыздэкӀыр губгъуэхэм, мэзхэм.

ЗэрзэфӀэтыр зэгъэзэхуэжын

Жэпкъым къудамэ бжыгъэ къыпидзу, къуиуэ иэ бацу щыт ишъхьамкӀэ, илъэгагъыр см. 30 - 70 хуэдиз мэхъу.

Тхьампэхэр кӀагъымкӀэ нэхъ нэху щыт ишъхьамкӀэ нэхърэ, пхъашэху. Тхьампэ лъабжъэхэм Ӏутхэр щырыщу зэгуэтхэ, кӀы кӀыхьхэм япыту, ишъамкӀэ бгъуэуэ щыту, икӀапэмкӀэ памцӀу, я кӀыхьагъымкӀэ см. 2, 5 - 5 хуэдиз хъууэ, бгъуагъкӀэ см. 1, 5 - 2 хъууэ. Жэпкъым фӀэтӀ тхьампэхэр апхуэдэ къэрабзу щытхэ ауэ я кӀыр нэхъ кӀэкӀыу щыт.

Гъагъэхэр шхъуантӀу, псыху, плъыжьу макӀыу хужьу щытхэ, я бгъуагъыр см. 4 - 5 мэхъу. Тхьампэхэм я кӀыхьагъыр см. 3, я бгъуагъыр см. 1, я пэр дзасу хъуреуэ щыт, я кӀэмкӀэ гъэчауэ цым хуэду, псыгъу тхьампэр еухыр.

Гъагъэм икум ит тхьампэхэр см. 1,5 - 2, 5 я кӀыхьагъу, хъуреуэ, я лапэмкӀэ гъэчауэ щыту.

ЛӀэужьыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын

  • Flore Pleno Black - см. 80 хуэдиз илъэгагъу, гъагъэхэр пхъашу щыту, плъыжь-кӀынфӀу иэ фӀыцӀу щыту.
  • Granny’s Bonnet - гъагъэхэр плъыжьыху-шхъуантӀу, пхъашу щытхэ.
  • Nivea - гъагъэхэр шхъуантӀу щытхэ, хужь яхэлъу.
  • Peachy Woodside - илъэгагъыр см. 75 хуэдиз хъууэ, гъагъэхэр гъуэплъ-плъыжьыху щытхэ, тхьампэхэр гъуэжьыфу.
  • Pom Crimson - гъагъэхэр пхъашу щытхэ, гъуабджу, якур хужьу.
  • Silver Edge - гъагъэхэр плъыжьыху-шхъуантӀафу щытхэ, тхьампэгъунэхэр хужьу.
  • Aquilegia vulgaris var. stellata - гъагъэхэр удзыфафэ-хужьу щытхэ.
  • Woodside Double - гъагъэхэр пхъашу, плъыжьыфэ-шхъуантӀэху щытхэ.
  • Aquilegia vulgaris var. winky - см. 35-50 илъэгагъ, гъагъэхэр плъыжьу, хужь-шхъуантӀу зэхэлъ, дэгъэзеяуэ щытхэ.
  • Aquilegia vulgaris plena Ruby Port - см. 90-110 илъэгагъ. Гъагъэхэр пхъашу щыт, плъыжькӀынфӀу.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын