Гъуэжьудз
Гъуэжьудз, къэкӀыгъэщӀэныгъэ тхылъымкӀэ зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Malpighiáles
Лъэпкъ: Гъуэжьудз
Лъэпкъыгъуэ: Гъуэжьудз
Латин цӀэр
Hypericum L.


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 21416
NCBI 55962

Гъуэжьудз (лат-бз.: Hypericum, ур-бз: Зверобой) — къкӀыгъэхэм ящыщ Гъуэжьудзлъэпкъ (Hypericaceae).

ЗэрзэфӀэтыр

зэгъэзэхуэжын

ГъэбжыгъэкӀэ къэкӀхэм ящыщ, макӀыу гъэкъэкӀыгъу удзу щытхэ, пабжъэхэ, пабжъэшхуэхэ иэ жыгху къокӀхэ.

Жэпкъхэр янэхъыбэм, мы хъуреуэ адрей къэкӀыгъэхэм хуэду, плӀыму щытхэ.

Тхьампэхэр занкӀэху, кӀыхьу щытхэ, я лъапэхэр кӀэкӀыу иэ занкӀыу жэпкъым фӀэсу.

Гъагъэхэр зэрызу иэ гупышху зэхэтхэ. Тхьамэ тхурытхурэ ятет, макӀыу плӀы ятет мэхъур, дышъафу иэ гъуэжьу щыту я фэр.

КъыздэкӀыр

зэгъэзэхуэжын

Лъэпкъым 110 хуэдизкӀэ зэшъхьащокӀхэр, нэхъыбу ШӀыгум Ишъхъэрэ ныкъуэмкӀэ иэ тропикхэм нэхъ ягъунэгъу, ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ къэкӀху. Нэхъыбэдыду здэщыӀахэр Хы Курытым иӀуфэ лъэныкъуэхэм.

Лъэпкъ нэхъ цӀэрыӀуэхэр къэкӀыгъэ-шъэныгъэм

зэгъэзэхуэжын

Урысейм илъэпкъхэм ящыщу зытӀущ къыщокӀыр; еуропэ лъэныкъуэмкӀэ - Hypericum perforatum, Hypericum quadrangulum. КъэкӀыгъитӀри удз гъэбжыгъу къэкӀхэм ящыщ, я лъабжъэхэр шӀым къыкӀэну. Я гъагъэхэр тӀуми гъуэжьу щыт; удзытӀри хъушхъу ялъытэ.

ПэмыкӀхэм ящыщу- гъэпсом удзыфу щыт Hypericum calycinum, Hypericum oblongifolium, къудамэхэр плъыжьыху, итхьампэхэр кӀыхьу щыту. ( Гималай къушъхьахэм къыщокӀыр ), Hypericum androsaemum ( Ишъхъэрэ Еуропэм щыщ ), аищыр удзгъагъэ хуэду ягъэкӀхэр Ӏарысу.

Къышъхьапагъэм шъхьакӀэ ягъэкӀхэр:

  • Hypericum ramosissimum - пабжъэ бацу, мы лъагу мэкӀыр, мы Ӏарысу Къаукъаз КӀыбымрэ, Ермылымрэ къыщокӀыр.
  • Hypericum humifusum
  • Hypericum perforatum
  • Hypericum quadrangulum - гъбжыгъэкӀэ къэкӀ, ежъужъ-удз
  • Cytisus biflorus - пабжъэ ину къокӀыр