Ды́щэ и́дэӀэшъагъэхэм я зы къудамэ, дунем тет лъэпкъ бжыгъэхэм яӀа ижъ-ижъыжь лъандэрэ. Тхыдэм зэригъэунэхумкӀэ дышъэ идэр къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ къэралъхэм пэсырей зэманыгъуэм къикӀауэ Къаукъазым, Еуропэм къихьа.

Адыгэ Хэкум дышъэ идэр яшъу пэсырей зекӀуэлӀхэм къаӀохур 900 гъэхэм къыщыкӀэдзауэ[1].

Дышъэ идэр Ӏэшъагъэ нэхъ гугъхэм ящыщ. Еуропэм, Урысеим я нэхъыбэм уэркъхэм, къуэлейхэм, шоджэнхэм я щыгъынхэм нэхъ хуэкӀуэтэкъым идэр, илъэситху-илъэсих ихьт цӀыхум зыригъэсэнум Ӏэшъагъэм. Адыгэхэм пщы-уэркъ унагъуэхэм пшъашъэхэр илъэситхум щыкӀэдзауэ ирагэсэн кӀадзэт дышъэ идэм, уагъэ, шъагъэ, чышъэ, дэнлэч, шыкъу шъынхэм.

Къэгъэсэбэпыгъуэр зэгъэзэхуэжын

И нэхъыбэм идэр щыгъынхэм къагъэшъхьэпэт гъэдэхэнымкӀэ, псалъэм папшъыу Нартхэм я ӀуэрыӀуатэм бжыгъэрэ къыхощ Сэтэней, Мэлэчыпхъу я хъыбархэм я зэгъалъэ куэкӀыр дышъэкӀэ идыкӀауэ. Ауэ абым щымыхъукӀэ адыгэхэми адрей лъэпкъхэми пэмыкӀ къэгъэшъхьэпэгъуи къыхуагъуэтт: сэшхуэм и салъэ, уанэ, кӀопшъ, шъхьэнтэ, чысэ, жьыху (адыгэхэм); урысхэм цӀэрыӀуэ Ӏэшъагъу яӀэр дышъэ идэкӀэ ТхьэнэӀу шъыгъэр.

Дышъэ идэр хэдыкӀыным я нэхъ гугъхэм ящыщ. Зы бзылъхугъэ адыгэфашэ шъыным илъэих-илъэсий ихьыфыну[1], идэкъуэдем, абым пэмыкӀыуи уагъэ-шъагъэхэм я зэман гъэхьэзырыгъуэри.

ЗэрхадыкӀыр зэгъэзэхуэжын

ХэдыкӀыгъуэхэр бжыгъу зэшъхьэщокӀхэр, къэралхэм, лъэпкъхэм ямылъытауэ зы лъэпкъми е зы къэралми джылэм хэдыкӀыгъуэ бжыгъэ яшъэфыну.

Адыгэхэм дыщэ иду щы яӀэ, ахэр:

  1. Адыгэ идэтхыпхъэ хьэзырым и теплъэ гъунапкъэр шэкӀ хужьым тратхэри Ӏуданэ ӀувкӀэ хадыкӀыр, яужым дышъэ уданэкӀэ ирадэ ишхъэфэр. Яуха яуж, тхыпхъэ къыхабзыкӀыр, и гъунэхэр уагъэкӀэ ирадыхьри хьэзыру фашэм е хьэпчыпым традэ.
  2. Шъэхъар/Къалэ идэ — тхыпхъэр (фэм е тхылъымпӀэ Ӏувым къыхабзыкӀ) шэкӀ щыгъыныр е хьэпчыпыр къызхахынум зэуэ трагъапкӀэри дышъэ ӀуданэкӀэ ирадыхьыр.
  3. Уагъэ идэ — тхыпхъэ зыхуер уагъэкӀэ къырадыхьыр шэкӀым, и нэхъыбэм адыгэ идэм дагъакӀу.

Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot