Емынэ фӀыцӀэ
Емы́нэ фӀы́цӀэ е емы́нэ фӀы́цӀэ узыгъуэ — емынэ узыгъуэм и падемиэ, XIV лъэхъэнэхэм Еуропэм, Азиэм, Африкэм къекӀуэкӀар.
Монголиэм къыхэкӀа хъуа. ЦӀыху млн 78 ихьа дунейпсом. Еуропэм и тхыдэм емынэ фӀыцӀэр гуӀэгъуэшху къыхэна и экономикэм, псэрыджым, щэнхабзэм еуауэ.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынКъызхэкӀар
зэгъэзэхуэжынЭкологиэм и мыхьэнэ
зэгъэзэхуэжынXIV лъэхъэнэр хышхуэхэм я уэрыгъуэ зэману щыта, Еуразиэ псом и дунем зэрихъуэкӀыу. Ахэр къызхэкӀар иджыри къыздынэсым хэшъыкӀыгъуэ иӀэкъым, нэхъыбэм гупшысыгъуэ щыӀэр, ар: дыгъэм и нэхур макӀыу шӀыгум зэрнэсамрэ, атмосферэмрэ псырыжэмрэ ишъхъэрэ Атлантикэм зэрзэхуэхъуахэмрэ. Дунер нэхъ шӀыӀэ хъуа, бэуэ зызэрихъуэкӀыу, псыӀэлъэгъуэм уэгъукӀэ зэрихъуэкӀыу. 1300-1309 гъэхэр Еуропэм уэгъу Ӏэуэ екӀуэкӀахэ, 1312-1322 гъэхэр уэшх шӀыӀэхэр къешху икӀахэ мэкъумэшу хъуар ихьауэ.
А зэманым и хъыбар, тхылъ къынэсахэм ягъэлъагъуэ Хъутей хэкум гузэвэгъуэ зэрщэӀахэр, уэгъу ин Янцзырэ Хуайхэрэ я псыхъуэ зэхуакухэм зэрекӀуэкӀар, мацӀэ зэреуар Хонаным, а псом яуж уэшхышхуэхэр, уайэхэр Хъанбалыкъым зэрщэӀахэр, а гузэвэгъуэхэм цӀыхугъашъэ мин 400 ихьа[1]. Псы къиуахэм цӀыху мин 400 хэкӀуэда. Ӏуашъхьэ Цинчоур кӀуэда шӀыхъем яуж, здэщытам дежь машэшхуэ къигъэнауэ. Къушъхьэ Ки Мин Чан-хэр кӀуэдахэ, здэщэӀам дежь машэ ин къагъэнауэ, яужым псыкъум хъужьа (1334 гъэ). Хъутей хэкум гузэвэгъуэхэр 1347 гъэм нэс зэпымыуду екӀуэкӀахэ, цӀыху гашъэ млн 5 яхьауэ.
1333 гъэм Еуропэм къэбэкъауэ Этнар мэгызыр, тхъуэбзащхъуэ пчагъуэм Кипыр нэгъунэ кӀелъафэ. Илъэс зытӀущ ипэу Емынэ фӀыцӀэм, гъэ шӀыӀэ уэшх закӀыу екӀуэкӀахэм лъэхъэнэр кӀэдзэгъуэм зэман хуабэ псыӀэлъэгъу къихьа, 1337 гъэм мацӀэ ин Ӏэй къихьа, япэ Хъутей хэкур зэкӀиштауэ, яужым хомурэ Еуропэм нэсауэ. МацӀэм «унэшъхьэхэр кӀихъума, псынэхэр зэкӀиуа псыр къыкӀэмыщу»[2]. 1342 гъэм Фрэнджымрэ Джэрмэнымрэ уэшх-уэсышхуэхэм псыдзэ бжыгъэ ирагъэжьахэ 1343 гъэм нэс екӀуэкӀаху, 1345 гъэм щыкӀэдзауэ «псыпцӀэ Ӏэй» зэманыгъуэр къожьэ, илъэс зытӀущкӀэ екӀуэкӀыр, яужым аргуэрыу Азиэм къикӀа мацӀэм Еуропэр зэкӀештэ. Унэ Ӏэшым уз бжыгъэхэр къахохьэЦитатэм щыуагъэ къыхэкӀащ Invalid parameter in <ref>
tag
ШӀыхъей 1348 гъэм шӀычылэм и 25 къэхъуар Аустрэм и къедзыгъуэ Филаха дежь Скандинавым нэгъунэ нэса, аргуэру мазаем и 2 къэхъея шӀыр, нэхъ Ӏеуэ хэкӀуэдахэр Урымым и ишъхъэрэ къедзыгъуэхэра. 1349 гъэм аргуэру шӀыхъей къэхъуа, Лэхьыйр, Инджылызыр, Ишъхъэрэ Еуропэр джоуэ хэкӀуэдахэ. ШӀыхъехэр 1360 гъэм нэс зэпаудакъымЦитатэм щыуагъэ къыхэкӀащ Invalid parameter in <ref>
tag.
Гулъытыгъуэхэр
зэгъэзэхуэжынLast edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |