Кърухужь
Кърухужь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къру лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Кърухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Кърухужь
Латин цӀэр
Grus leucogeranus
Pallas, 1773


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176185
NCBI 40819

Кърухужь (лат-бз. Grus leucogeranus) — къру лъэакъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Къуалэбзу пӀащэщ, къешэч ч. 5-8,6. И пэ хъуреягъым, натӀэм цы теткъым, фэр плъыжьщ абдежым. Пэ лъэш ин пытщ, плъыжьыфэу. И цыр хужьщ къабзий пхъашэхэм щымыхъукӀэ (ахэр фӀыцӀэщ). Анэмрэ хъумрэ зэфэгъущ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Сыбырым и щӀыпӀэ щхьэхухэм. ЩӀымахуэр щрах Азэрбиджаным и ипщэ-къуэкӀыпӀэм (Аракс и хэлъэдапӀэм), Къажэрым, Хъутейм и Ипщэ-КъуэкӀыпӀэм, Индиэм.

Кърухужьхэм Ӏумпэм ящӀкъым зыри, я Ӏусым къэкӀыгъи псэущхьи хохьэ: дзыгъуэ, къуалэбзухэм я джэдыкӀэ, я шырхэр, бдзэжьей, хьэпщхупщхэр, абым нэмыщӀу мэракӀуэхэкӀ, псыудзхэр.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.