Кърухьэгуагуэ
Кърухьэгуагуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къру лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Кърухьэгуагуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Кърухьэгуагуэ
Латин цӀэр
Balearica pavonina
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176194
NCBI 30414

Кърухьэгуагуэ (лат-бз. Balearica pavonina) — къру лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

И теплъэр нэхъыбэкӀэ щхъуэ-фӀыцӀафэщ; къабзий пхъашэхэр хужьщ. Мы лӀэужьыгъуэм гу лыптэу иӀэр хьэгуагуэ дыщафэ ин и щхьэм тетыращ. И нэ щӀагъым ӀэпапӀэ плъыжь хэсщ, нащхьэм ӀэпапӀэ хужьщ. Хъумрэ анэмрэ я теплъэкӀэ зэфэгъущ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Мы къру лӀэужьыгъуэр здэпсэур Африкэ закъуэрщ. Хеубыдэ Африкэм и Кумрэ и КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэмрэ. Тафэ псыпцӀэхэм, губгъуэ псыӀэрынэхэм и щӀасэу щопсэу. Жэшыр кӀарцей жыгхэм и къудамэхэм дэлъэтейуэ щехьыр.

Я Ӏусым къэкӀыгъэхэм хуэдыу псэущхьэ жгъейхэри хохьэ. Нэхъыщхьэу удз пкъыщӀэ, жылэ, хьэпщхупщ, псэущхьэжьейхэр. Куэду гъавэхэри яшхщ мэкъумэшыпӀэхэм, ауэ зэран лэжьыгъэм халъхьэкъым.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.