Къушъхьэджэд
Къушъхьэджэд | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Lyrurus mlokosiewiczi Taczanowski, 1875 | ||||||||||||||||
|
Мысырджэд, Къушъхьэджэд (лат-бз.: Lyrurus mlokosiewiczi, ур-бз.: Кавказский тетерев) — бзу инхэм ящыщ, мэзджэд лъэпкъым ящыщу.
АплъэпкъырEdit
Хъум иинагъыр см. 50 - 55 хуэдиз, ихьалъагъыр кг. 1, 1 хуэдиз; ифэр псыфэ-кlынфlу иэ фlыцlу щыт (цыхэр мы лыду), инашъхьахэм набдзэ хуэду плъыжьу тет, икlапэ цылъэныкъуитlыр нэхъ кlыхьу, гъэчауэ щытхэ, икумкlэ кlуэху цыхэр нэхъ кlэкl мэхъухэр. Бзыхэм я инагъыр см. 37 - 42 хуэдиз, я хьалъагъыр кг. 0, 95 хуэдиз, я фэр уэгу щыт гъуэплъ-гъуабджэм кlынфlу хэлъу.
ЗдэпсохэрEdit
Урысейм Къаукъаз закъуэра здэпсор, пэмыкl къэралхэм: Азэрбиджаным, Ермэлым, Курджым, Тыркум. Куэч бзухэм ящыщкъым, къушъхьахэм я псэупlэ-хъупlэхэр м. 3, 300 носыр, абгъуэ здашъхэр м. 2, 600 лъэгагъым фlэмыкlыу. Нэхъ кlасу здыхэсыр пабжъэхэм - аlуейгъурцхэм хьацыбанэхэм.
ЗэрзэпыхьахэрEdit
Абгъуэхэр шlым щашъыр, къушъхьахъум, пабжъэхэм. Абгъуэм ирилъхьар джэдыкlитху хуэдиз, тесыр бзым изакъуэ, махуэ 25. Гъэ къэс шхьагъусэ кlэ лъыхъурэ яшъыр. Хъухэр щызэфlэувэхэр илъэситl щырикъум ижей, бзыхэр илъэс ирикъумэ.
ИшхырEdit
Гъэмахуэм - гъэгъахэр, гъэчхэр, тхьампэхэр, мэракlуэ, цlыв lамэ; шlымахуэм - къэкlыгъэ-бынджэ, джылэ lамэ.
ЗэрхуэсакъырEdit
Япэреуэ Советхэм къыдагъэкlа Тхылъ плъыжьым ( 1978 гъэм ) мысырджэдыр "кlуэд псэушъхьахэм" яхэта. Тхылъ плъыжь 1984 гъэм къыдэкlам "псэушъхьа кlуэдхэм" къыхагъэкlа. Ауэ иджыри къыздынэсым кlуэдыфынкlи хъуну. Абы "дэlапыкъур" цlыхум ишъакlуэнымрэ, былым гъэхъунымрэ. Былымым иабгъуэхэмрэ бзучырхэмрэ зэхепlытlэ, абы пэмыкlыу ахъуэхэм я хьахэми мысырджэд куэд яубыдыр, ятхьалэ.