КӀыгуугу лъэпкъыр
КӀыгуугу лъэпкъыр | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Cuculidae Vigors, 1825 | ||||||||||||
|
КӀыгуугу лъэпкъыр (лат-бз. Cuculidae) — мыбы къызэщӀеубыдэ зи инагъкӀэ курыт къуалэбзухэр.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынТеплъэкӀэ нэм зыкъыщӀадзэкъым, хъухэмрэ анэхэмрэ зэхэгъэкӀыгъуейщ, лъэпхъуамбэ плӀырыплӀхэщ, тӀурытӀу зэпэщӀэхауэ, я пэр мащӀэу гъэшауэ, жабгъуэхэщ.
Шэныр
зэгъэзэхуэжынКӀыгуугу лъэпкъым иӀэщ зи шырхэр езыр-езыру къизышыжхэри, езыр гъуэлъхьэж пэтми хамэ абгъуэхэми джэдыкӀэ щэхуу якӀэщӀэзылъхьэхэри, е къанэ щымыӀэу зи быныр нэгъуэщӀ къуалэбзухэм къырезыгъэш, езыгъэпӀ лӀэужьыгъуэхэри.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынЛъэпкъым къызэщӀиубыдэ къуалэбзу псоми я Ӏусым псэущхьэ нэмыщӀ хэхьэкъым: гъудэбадзэ, абыхэм я хупсхэр. Ар къыщагъуэт жыгыщхьэхэм, чыцэ къудамэхэм, щӀыгум щылъыхъуэр зэзэмызэ дыдэщ.
ЗэхэгъэкӀыгъуэр
зэгъэзэхуэжынКӀыгуугухэр лӀэужьыгъуи 130-рэ мэхъу, лъэпкъы къуэдзиху, ахэр:
Лъэпкъ къуэдзэ Cuculinae
- Лъэпкъыгъуэ Clamator
- Лъэпкъыгъуэ Pachycoccyx
- Лъэпкъыгъуэ Cuculus
- Лъэпкъыгъуэ Cercococcyx
- Лъэпкъыгъуэ Cacomantis
- Лъэпкъыгъуэ Chrysococcyx
- Лъэпкъыгъуэ Rhamphomantis
- Лъэпкъыгъуэ Surniculus
- Лъэпкъыгъуэ Caliechthrus
- Лъэпкъыгъуэ Microdynamis
- Лъэпкъыгъуэ Eudynamys
- Лъэпкъыгъуэ Scythrops
Лъэпкъ къуэдзэ Phaenicophaeinae
- Лъэпкъыгъуэ Ceuthmochares
- Лъэпкъыгъуэ Phaenicophaeus
- Лъэпкъыгъуэ Carpococcyx
- Лъэпкъыгъуэ Coua
Лъэпкъ къуэдзэ Centropodinae
- Лъэпкъыгъуэ Centropus
Лъэпкъ къуэдзэ Coccyzinae
Лъэпкъ къуэдзэ Crotophaginae
- Лъэпкъыгъуэ Crotophaga
- Лъэпкъыгъуэ Guira
Лъэпкъ къуэдзэ Neomorphinae
- Лъэпкъыгъуэ Tapera
- Лъэпкъыгъуэ Dromococcyx
- Лъэпкъыгъуэ Morococcyx
- Лъэпкъыгъуэ Geococcyx
- Лъэпкъыгъуэ Neomorphus
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.