КӀыгуугу теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Cuculiformes) — лӀэужьыгъуэ 150-рэ мэхъу, лъэпкъыгъуэ 39-рэм къызэщӀиубыдэу. ХэкӀыгъуэ къуэдзитӀу гуэшащ. Антарктикэмрэ Арктикэмрэ щымыхъукӀэ, адрей щӀыпӀэхэм кӀыгуугу щопсэу.
Я кӀэр, дамэхэр кӀыхьщ, жьабгъуэхэщ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ, цы Ӏув пхъашэхэщ. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэр лъэтэжкъым. ТеплъэкӀэ хъухэмрэ анэхэмрэ щӀагъуэкӀэ зэщхьэщыкӀкъым. ЛӀэужьыгъуэ 80-р гъуалъхьэкъым, шыри япкъым, адрей хэкӀыгъуэхэм щыщ къуалэбзухэм я абгъуэм джэдыкӀэхэр кӀэщӀалъхьэурэ къырырагъэш, ирагъэпӀ, илъэсым зэ цы япхъыж.