Мэзтхьэрыкъуэф
Мэзтхьэрыкъуэф | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Tussilago Linnaeus | ||||||||||||||
|
Мэзтхьэрыкъуэф (лат-бз. Tussilago farfara) — илъэс куэдкӀэ къэкӀ, лъабжьэжь зиӀэ къэкӀыгъэщ.
НэмыщӀ цӀэхэрEdit
Адыгэбзэм мы къэкӀыгъэм цӀэ бжыгъэ зэрехьэр, ахэр: анэрэ-анэнэпӀэсрэ (урысыбзэм зэрхэтым хуэду псалъэхэр зэдзэкӀауэращ адыгэбзэм), Ӏэдэ́м и цей, тхьэрыкъуэфдэгу.
ТеплъэрEdit
Тхьэмпэ, къудамэ зытемыт и пкъыр гъатхэм пасу (гъатхэпэмазэм) щӀым къыхокӀри см 10-20-кӀэ докӀей, см 2-2,5-рэ зи инагъ щхьэ гъуэжь къещӀ. Жылэхэр псынщӀэу мэхъури полъэлъыж, пкъыри мэгъуэлэж. Абы иужкӀэ кӀы кӀыхь зиӀэ тхьэмпэ хъурей инхэр къыдедз. Тхьэмпэ щӀагъым цы щабэ цӀыкӀу тетщ, и гущӀыӀур цӀафтэщ. Удзым и тхьэмпэ щӀыӀум гъатхэ, гъэмахуэ жэщхэм, пщэдджыжьыпэхэм уэсэпсыр Ӏуву тохьэ, тхьэмпэщӀагъыр зэрыгъущу къонэ.
КъыздэкӀырEdit
Удзыр къыщокӀ псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, щӀыпӀэ псыӀэхэм, псынащхьэхэм.
КъэгъэщхьэпэгъуэрEdit
Хущхъуэу къагъэсэбэп. Бжьэхэм гъэгъахэм фо къыхах.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
ТхылъхэрEdit
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч 1992 гъ.