МэракӀуапцӀэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Хьэцыбанэгъагъ
Лъэпкъ: Хьэцыбанэ
Лъэпкъ къуэдзэ: Rosoideae
Лъэпкъыгъуэ: МэракӀуапцӀэ
Латин цӀэр
Eubatus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

МэракӀуапцӀэ (лат-бз.: Rubus caesius, ур-бз.: Ежевика) — пабжъэ-къэкӀыгъэ хьацыбанэ-лъэпкъым ящыщ.

ЗэрзэфӀэтыр

зэгъэзэхуэжын

ИмэракӀуэхэр хъухукӀэ япэ удзыфэ мэхъухэ, яуж гъуабджэ, тӀанэ плъыжь-гъуабджафэ мэхъухэ. МэракӀуэ хъуахэм яфэр къуафцӀу щыт.

КъэкӀыгъэр пабжъэ мы ину щыт, ичыхухэмрэ и къудамэхэмрэ банэ ятету. Къудамэхэр чыцӀынэм хуэду щытхэ - зэ дэкӀеуэ, зэ шӀым заубгъурэ кӀыуэ. Тхьампэхэр гъэчхэм щырыщу къытокӀэ, жэпкъ лапэмкӀэ тет гъэчхэм тхурытхурэ ятет.

МэракӀуэпсыр плъыжь-кӀынфӀу, езы мэракӀуэр гуашӀэ, ипшъэ лъэныкъуэхэм къыщыкӀхэм я мэракӀуэхэр нэхъ ӀафӀу щытхэ.

Куэду Еуропэ къэралхэмрэ Скандинавымрэ къыщокӀыр. Къаукъазым адрей пабжъэхэм ядэкӀыгъу зэкӀокӀхэр Ӏуву, хэкӀыпӀэ имыӀу.

Ӏарысу зэрагъэкӀыр

зэгъэзэхуэжын

Еуропэм мэракӀуапцӀэр губгъуэхэм куэду, кӀасу ягъэкӀкъым, ауэ Ишъхъэрэ Америкэм куэду къагъэкӀыр, ящэным шъхьакӀэ. Америкэ лъэпкъхэр: лъахъчэхэм ящыщ -

  • «Crystal white» (имэракӀуэхэр хужьу)
  • «Golden Cap» (имэракӀуэхэр гъуэжь-кӀынфӀу)
  • «Seneca black»; «Garden black» (ямэракӀуэхэр къуафцӀу)

ЗэрагъэтӀысыр джылъэкӀэ иэ лабжъэ кӀымкӀэ къыхагъэкӀыр.