НэжьгъущӀы́дзэ, НэжъгъушӀы́дзэ — нэуэжъ плӀэучэ чынагъуэ, гъушӀызэ иэ гъушӀыдзэхэр Ӏуту, и бгъэ кӀыхьыжъхэр и кӀыбым дэдзауэ. Таурыхъхэм НэжъгъушӀыдзэр мэзхэм щопсо, пхъэмгъу унэжъым, изакъу иэ и пхъум дэкӀыгъу (таурыхъу хъуам зы пхъу нэхъ иӀэкъым). НэжъгъушӀыдзэр цӀыхушх, таурыхъхэм сэбийхэр ешъх, Нартхэм я ӀуэрыӀуатэм цӀыхухэми ятоуэ. Къэру фӀер зэрехьэ, цӀыхум щыдэӀэпыкъур макӀэдыдэ, згуэрэ щыхуашъа къуэдем.

Нэуэжъым/фызыжъым и сурэтыр хъыбару хъуам Ӏэуэ щыт — щӀыбыкъуэ (плӀэучэ), гъушӀ дзэхэр Ӏут, и бгъэжъ кӀыхьхэр и кӀыбым дэдзауэ зэрехьэ, здэпсор мэз дэгум иэ дыгъэр здыкъухьэ лъэныкъуэм, хитӀ зэхуакум дэт хыгъэхъуным. Нартхэм я ӀуэрыӀуатэхэм НэжъгъушӀыдзэр Нарт Хэкум щиси къыхокӀыр щыхэмысыуи къыхокӀыр. Нэуэжъым шы алп гуартэ зэрехуэ, езым егъэхъур, езыр я кӀэлъоплъыр, и шыхэр гъэса, езым нэхъ парими ядаӀуэкъым.

ӀуэрыӀуатэм

зэгъэзэхуэжын

Нартхэм я ӀуэрыӀуатэхэм нэуэжъым цӀэ бжыгъэ зэрехьэ, и сурэтри хэгъуэгъэщауэ щыщыти мэхъур хъыбар гуэрэхэм. Абым хуэду: Нэуэжъ-цӀыкӀу иэ Ныуэ-уд — я сурэтымкӀи (я бгъэ кӀыбымкӀэ дэдзахэр) я шэнымкӀи (нартхэм я хуэбзаджэ) гурыӀуэгъуэ зэрыхъур ахэр НэжъгъушӀыдзу. Апхуэдэ зы нэуэжъым игъэхъу шыгуартэм Сосрыкъуэ и шы цӀэрыӀуэ Тхъуэжьейр къыхехыр. И бгъэ кӀыбым дэдзам еӀусурэ нэуэжъым и къуэ мэхъури Сосрыкъуэр ненэфӀыу зэкъырегъэплъыр удыжъыр. Сосрыкъуэ ипэ нэуэжъым и бгъэм нэӀусыфа къуэдер Емынэжь закъуэ и шы Къарэлъэкъуищыр къыщихьам.

Нарт хъыбар гуэрэхэм къызэраӀуатэмкӀэ НэжъгъушӀыдзэр Испы лъэпкъым я ану къыхокӀыр.

  • Нартхэр. Адыгэ эпос. Налшыч. 1995 гъ.
  • Нартхэр. Адыгъэ эпос. II тхылъ. ХьэдэгъалӀэ А. Мыекъуапэ. 1969 гъ.

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot