Тхъуэжье́й, Тхъожъе́й, Тхъожъы́е — нарт хъыбархэм Сосрыкъуэ и алп шы хы лъашӀэм къыщыхъуа. Сосрыкъуэ и ӀохухэмкӀэ дэчэнджэш, уэгуми дэлъэтеиф, хыми икӀыф, къытекӀуэн шы Нарт хэкужъым имыс, и тӀасхъапӀэр и лъабжъэхэра — псыхъуэм дэлъ нывэжгъехэм дежь жэфкъым.

КъэхъукӀэр

зэгъэзэхуэжын

Хъыбар «Сосрыкъуэрэ Емынэжърэ» къызэриӀуатэмкӀэ, нартхэм я ху джылэ Емынэжъым я фӀидыгъуам Сосрыкъуэ пожьэр къахуихьыжьыну. Ауэ джылэр Сосрыкъуэм къидыгъу къызэрежьэжьым хуэду Емынэжъыр къыкӀэлъохьэ и шымкӀэ, и шым лъэкъуищ нэхъ кӀэмыт шъхьэкӀэ и псынкӀагъым текӀуэн щыӀэкъым Нарт хэкум, ЦӀэунэжъ удым и шыгуартэм къахэкӀа шы ар. А нэуэжъ удым де Сосрыкъуэр йожьэ зы шы къихьыным шъхьэкӀэ, унафэ ирет удым, джэщищкӀэ Сосрыкъуэм шыгуартэр игъэхъуну - зы шы щымыкӀыу джэщищыр ихьмэ, хэду и гуартэм зыхуэр къыхыригъэхыну егъэгугъэ. Япэре джэщым шыгуартэр зэбгырожри мэзым кӀолъадэхэ; дыгъужъхэр къыдоӀэпыкъур Сосрыкъуэм къыхукӀахужьурэ, етӀонэре джэщым шы гуартэр уэгум долъэтехэ къуалэхэр къыдоӀэпыкъухэр къырахухыжьурэ, удыжъым ар фӀэгъэшъэгъуэн мэхъур пщэджыжь къэс зы шы хущымыкӀыу Сосрыкъуэм къызэрихужьыр и гуартэр. Ещанэре джэщым шыхэр хым холъадэхэ, бжъэжъейхэр къыдоӀэпыкъу абым Сосрыкъуэ, шыгуартэр къыхухахужьу. Ещанэре пщэджыжьым удыжъым шыгуартэр ебжри зы шы леуэ къыхокӀыр, шыбз Тхъожъым и шыкӀэрауэ къыкӀокӀ ар, хы лъашӀэм къыщилъхуа шыкӀэ. Удыжъыр Сосрыкъуэр хегъадэри шы къыхихыну Тхъожъ и шыкӀэр Сосрыкъуэм къыхех. ЦӀэуэ триӀуэр Тхъожъей.

ШыкӀэм дэкӀыгъу Сосрыкъуэр къожьэжьыр, къыздэкӀуэжьым Тхъожъеир Сосрыкъуэм йолъэӀу иутӀыпщу и анэм иджыри зэ и быдзычэ ефу къигъэзэжьыну, Сосрыкъуэр арэзыуэ егъакӀуэ. ШыкӀэм кӀэху къегъэзэжьыр, Сосрыкъуэр и кӀыбым трегъэтӀысхьэри Емынэжъым идежь макӀуэхэ ху джылэр къытрахыжьыну.

Хъыбар къэӀохугъуэхэр

зэгъэзэхуэжын

Тхъожъей и кӀуэдыкӀэр

зэгъэзэхуэжын
  • Нартхэр — адыгэ эпос. ХьэдэгъалӀэ Асчэр. Мыекъуапэ. 1969 гъ.
  • Нартхэр. Налшыч. 1995 гъ.


Last edited 6 years ago by YiFeiBot