Хы — хышхуэм е щӀыкӀэ е псыщӀагъ ӀуащхьэкӀэ къыгуэгъэщхьэхукӀа, Дуней Хышхуэм и Ӏыхьэ псылъэ. Дуней Хышхуэм абы нэмыщӀ къыщхьэщокӀ и гидрологикэ, метеорологикэ, климат щытыкӀэхэмкӀэ. Ар къызыхэкӀыр Дуней Хышхуэм и къуэгъэнапӀэ щӀыпӀэхэм зэрыдэтхэращ. Хышхуэхэм ялъытауи хыхэм я псызэхъуэкӀхэр нэхъ хому щытщ.[1].

Хы

Хыхэр Дуней Хышхуэм епхахэу щытщ. Ауэ псалъэм папщӀэ Хы Къарсым апхуэдэ епха Хышхуэхэм яхуиӀэкъым. Хыхэр икӀи зэщхьэщокӀхэр я флорэхэмрэ фаунэхэмрэ елъытауэ икӀи зы хым нэгъуэщӀ хы хэтуи къэхъункӀэ хэлъщ (псалъэм папщӀэ Эгей хыр хы Курытым хэтщ).

Зэрызэхадз зэгъэзэхуэжын

 
Хым и уэрпхэр къызэрыхъур

Хыхэр я щытыкӀэм елътауэ гупищу яугуэш — кӀуэцӀ хыхэ (щӀыку хыхэмрэ ныкъуэ зэхуэщӀа хыхэмрэ), къуэгъэнапӀэ хыхэ, тӀыгу зэхуаку хыхэ.

КӀуэцӀ хыхэр — материкхэм куууэ дэхьэ хыхэ, хышхуэхэм я пэжыжэу щылъхэу. Апхуэдэ хыхэм я псхэр хышхуэхэм я ейм Ӏейуэ къащхьэщокӀ.

Хышхуэм зэрепхам елътауэ кӀуэцӀ хыхэр зэхедз зэхуэщӀакӀэрэ (Хы Къарс, Арал Хы) ныкъуэ зэхуэщӀакӀэрэ (Балтикэ Хы, Хы МыутӀэ). ЗэхуэщӀа хыхэр иныкъуэхэм псыхъурейуэ ябжхэр.

Абы нэмыщӀ кӀуэцӀ хыхэр яугуэшхэр континент зэхуакум дэт хыхэкӀэрэ, континентым дыхьэ хыхэкӀэрэ.

КӀэух хыхэр — хышхуэхэм хуиту епха хыхэращ. Хышхуэм ахэр къыгуэгъэщхьэхукӀахэщ тӀыгухэмкӀэ е ныкъуэтӀыгухэмкӀэ. Апхуэдэ хыхэм псалъэм папщӀэ хеубыдэ Япон, Кариб, Филиппин хыхэр.

ТӀыгузэхуаку хыхэр — тӀыгукӀэ къэухъуреихьауэ хыхэращ. Апхуэдэ хыхэм я нэхъыбапӀэр Малай архипелаг щӀыпӀэращ здэщыӀэр. Псалъэм папщӀэ Бандэ, Сулавеси, Явэ хыхэр.

ШууагъкӀэ зэраугуэш зэгъэзэхуэжын

Хыхэр я шууагъым елътауэ гупитӀу яугуэш:

Ину шуугъэ — хышхуэм ялътауэ нэхъ шуугъэу щыт хыхэращ. Апхуэдэ хыхэр тропикэ зонэращ здэщыӀэхэр. Псалъэм папщӀэ Хы Плъыжь.

МащӀэу шуугъэ — хышхуэм елътауэ нэхъ мащӀэ шуугъэу щыт хыхэращ. Апхуэдэ хыхэм псы куэд холъадэ, уэшх куэд хошхэ. Абы къыхэкӀыу хыр шууагъэ ягъэхъукъым.

Хы Ӏуфэр зэраугуэш зэгъэзэхуэжын

Хым и Ӏуфэр яугуэш ину дэбзыкӀакӀэрэ мащӀэу дэбзыкӀакӀэрэ. Ауэ псалъэм папщӀэ Саргассэ хым Ӏуфэ иӀыхэкъым.

Нэхъ ин дыдэ хыхэр зэгъэзэхуэжын

No. Хы Псыщхьэм и инагъ
(мин. км²)
1 Филиппин Хы 5726
2 Коралл Хы 4791
3 Хьэрыпей Хы 3862
4 Ипшэ-Хъутей Хы 3500
5 Хы Уедделл 2800
6 Карибэ Хы 2754
7 ЩӀылъэку Хы 2500
8 Тасман Хы 2330
9 Беринг Хы 2260
10 Бенгал Хыжьэ 2172

Хыхэр зэгъэзэхуэжын

Арктикэ Хышхуэ зэгъэзэхуэжын

 
Хы Чукоткэ

Атлантикэ Хышхуэ зэгъэзэхуэжын

 
Ирлэнд Хы

Щэху Хышхуэ зэгъэзэхуэжын

 
ДыгъэкъуэкӀыпӀэ—Хъутей хы

Индиэ Хышхуэ зэгъэзэхуэжын

 
Хьэрыпей хы

Ипшэ Хышхуэ зэгъэзэхуэжын

 
Хы Россэ

ЗэхуэщӀа хыхэр зэгъэзэхуэжын

Хыжьэ хыхэм хабжэхэр зэгъэзэхуэжын

Гулъытэгъуэ зэгъэзэхуэжын