Псыхэуэбзагуэ лъэпкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Псыхэуэбзагуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыхэуэбзагуэ лъэпкъыр
Латин цӀэр
Ciconiidae
Gray, 1840


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174895
NCBI 8926

Псыхэуэбзагуэ лъэпкъыр (лат-бз. Ciconiidae) — псыхэуэ хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.

Къуалэбзу пӀащэхэщ. Я пэ кӀыхьхэр пэнцӀывымкӀэ хуэкӀуэу папцӀэ мэхъу. Хулъэ яӀэкъым. Лъэпхъуамбэ щӀыбыр нэхъ цӀыкӀущ, зызмыужьащ, адрей щым я зэгуэкӀыпӀэм фэ пӀащӀэ дэлъщ. Лъэпкъым и лӀэужьыгъуэхэм макъ гуэри къагъэӀукъым, «мэӀущащэ» къуэдей мыхъумэ, абы папщӀэ «бзагуэ» хужаӀэ. Дамэхэм ятетщ бжьанэ зэрыз. ЩылъатэкӀэ пщэр ипэкӀэ яукъуэдий.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Дэнэ щӀыпӀи уащыпэщӀохуэ. Нэхъыбэр здэпсэур КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм и къэрал хуабэхэрщ.

ЗэхэгъэкӀыгъэр

зэгъэзэхуэжын


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.