Хыбабыщ лъэпкъыр
Хыбабыщ лъэпкъыр | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Phalacrocoracidae | ||||||||||||
|
Хыбабыщ лъэпкъыр (лат-бз. Phalacrocoracidae) — лъэхьэнцэ хэкӀыгъуэщ.
Теплъэр зэгъэзэхуэжын
Лъэпкъым хыхьэ лӀэужьыгъуэхэр пкъы зэхэщӀыхьащ, пщэ, кӀэ кӀыхьхэщ, пэнцӀыв гъэшащ, лъэ, дамэ кӀэщӀхэщ. Я фэр нэхъыщхьэу фӀыцӀэщ.
Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын
Хыбабыщхэр дэни щопсэу — псыпэ инхэм, хыкъумхэм, нэхъыбэу хы Ӏуфэхэм. Щыгъуалъхьэ щӀыпӀэхэри хуабжьу зэщхьэщокӀ: Ӏуфэ къырхэм, жыгхэм, къамылхэм, Ӏуфэ занщӀэхэм. Я щырхэр къохъу цы ятемыту, нэхэр къэмыпщӀауэ. Тхьэмахуи 7-8 ныбжым иту лъэтэн яублэ.
Ӏусыр зэгъэзэхуэжын
Лъэпкъым хэт лӀэужьыгъуэхэм я Ӏус нэхъыщхьэр — бдзэжьейщ.
ЛӀэужьыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын
Лъэпкъыр къуэдзитӀу зэщхьэщагъэкӀ: хыбабыщхэмрэ (лъэпкъыгъуитӀрэ лӀэужьыгъуэ 26-рэу гуэшауэ), блапщэхэмрэ (зы лъэпкъыгъуэрэ лӀэужьыгъуэрэ нэхъ мыхъуу).
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.