Унэ бабыщхэр
Унэ бабыщхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыбабыщхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Унэ бабыщхэр
Латин цӀэр
Anas domestica
(Linnaeus, 1758)


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175063
NCBI 8839

Унэ бабыщхэр (лат-бз. Anas domestica) — илъэс минищ хуэдизкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ губгъуэбабыщыр унэм ирагъасэу къытехъукӀыжа лӀэужьыгъуэхэращ.

КӀэцӀын яублэ мази 6-7 ныбжьым итхэу. Гъэм къакӀэцӀ джэдыкӀэ 90-130. Цы япхъыж мазытӀым нэскӀэ. Ар зэраухыу кӀэцӀын яублэж. Я джэдыкӀэхэм къашэч г. 85-90. Къраш жэщмахуэ 27-28-рэкӀэ. Бабыщыхъухэм къашэч ч. 3-4, анэхэм 2-3,5. Унэбабыщхэр зэщхьэщагъэкӀ лыпхъэрэ ягъэкӀэцӀхэрэу. Япэрейхэм ящыщэу ди къэралым нэхъыбэу щагъэхъу бабыщхужьхэмрэ абыхэм къытрагъэхъукӀахэмрэщ. ДжэдыкӀэ хьисэпкӀэ зэрахуэр инд бабыщ жэрхэращ. Апхуэдэ зым Аустралиэм щекӀуэкӀа зэпеуэм 1927-рэ илъэсым джэдыкӀэ 366-рэ къикӀэцӀри сыт хуэдэ къуалэбзу лӀэужьыгъуэмкӀи дунейпсо рекорд игъэувауэ щытащ.

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.