Хывбзу
Хывбзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бжэндэхъу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Хывбзухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хывбзу
Латин цӀэр
Buphagus africanus
Linnaeus, 1766
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 558946
NCBI 451392

Хывбзу (лат-бз. Buphagus africanus) — бжэндэхъу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Бжэндэхъу къызэрыкӀуэм хуэдизщ. Теплъэ нэхъыщхьэр гъуэбжафэщ, кӀэпкъымрэ кӀащхьэмрэ нэхъ тэхуфэкъащӀоуэ. Жьэгъур, пщэр, бгъащхьэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ. Пэ кӀэщӀ занщӀэщ, гъуэжьщ, пэнцӀыв дыдэр плъыжь лыду.

Здэпсэур зэгъэзэхуэжын

Хывбзур Африкэм къинэмыщӀауэ зыщӀыпӀи щыӀэкъым, мылъэтэжу мэпсэу, гъэм сыт хуэдэ зэмани гуп цӀыкӀухэурэ унагъуэ Ӏэщышхуи, Ӏэлхэми (хьэрэхэм, пылхэм, уэгъупӀэбжэнхэм) ягъусэщ. Жэщыр къамыл е жыг гъуанэхэм щагъакӀуэ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр псэущхьэ зи гугъ тщӀахэм я тхыцӀэм къыщелъыхъу — хьэпщхупщхэр, хьэпӀацӀэхэр; къинэмыщӀауэ — цӀыв, хьэндырабгъуэ, пхъащхьэмыщхьэ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.