ЦӀужьомэ
ЦӀужьомэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Вэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: ЦӀужьомэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: ЦӀужьомэ
Латин цӀэр
Phylloscopus trochilus
(Linnaeus, 1758)


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179841
NCBI 9182

ЦӀужьомэ (лат-бз. Phylloscopus trochilus) — вэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Phylloscopus trochilus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

ТхыцӀэр гъуабжэ-щхъуафэщ, кӀэм нэхъ фӀыцӀафэ къыщӀоуэ, ныбэ щӀагъыр хужьщ, фӀеифэщ, сырыху-гъуэжьыфэ къыщӀэуэу.

И кӀыхьагъыр мм. 120-145 мэхъу, дамэ лъэныкъуэр мм. 60-70, къешэч г. 10.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Мы лӀэужьыгъуэр Къаукъазым щымащӀэщ. Нэхъ здалъагъур абы и Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэщ. Нэхъ къыхах тафэ, къурш мэзхэр, жыг здагъэуа щӀыпӀэхэр, къэкӀыгъэ кӀырхэр, яутӀыпщыжьа жыг хадэхэмрэ паркыжьхэмрэ.

ЩӀылъэм щогъуалъхьэ, абгъуэр зэпэхъурейщ, ихьэпӀэр ибгъукӀэ щыӀэу. КъикӀэцӀыр джэдыкӀи 4-8-щ, къыреш тхьэмахуитӀ хуэдизкӀэ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏус нэхъыщхьэр гъудэбадзэхэр, хьэпщхупщхэращ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.