Бабыщгъуабжэ
Бабыщгъуабжэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыбабыщхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бабыщгъуабжэ
Латин цӀэр
Anas strepera Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175073
NCBI 75861

Бабыщгъуабжэ (лат-бз. Anas strepera) — бабыщ теплъэ лъэпкъым, псыбабыщ лъэпкъ къуэдзэм щыщщ.

Mareca strepera

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Инкъым, нэхъ пӀащэхэм ч. 1,3-рэм нэс къащэчыр. Гъунэгъуу уемыплъмэ и щхьи и пкъи гъуабжафэ къыпфӀощӀ, щыщыткӀи щылъатэкӀи и дамэхухэр ӀупщӀу болъагъу. Гъуалъхьэжыгъуэм хъум и тхыцӀэр — гъуабжэщ, щхьэр гъуэ-гъуабжафэщ, пщэ къыхэкӀыпӀэр, хулъащхьэр, бгъэр, джабэхэр хужь-фӀыцӀэ зэхэпхъауэ кърохыр. Анэм и теплъэр нэхъ зэфэзэщщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Бабыщгъуабжэм ущыпэщӀохуэ Еуропэм, Азиэм, Америкэм. ФӀыуэ елъагъу тафэ, псы хуэмхэр, псыхъуэшхуэхэр, къамылылъэ хыкъумхэр, псыпцӀалъэхэр, губгъуэхэр, мэз лъапэхэр. Мэлъэтэжхэр. Къауъказым щӀымахуэми губгъуэ псынэхэм уащыхуэзэ. Зэ къишыгъуэр шыри 9-11-щ. Шырхэр псынщӀэу хохъуэ, мэзитӀ ныбжьым лъатэн яублэ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Я Ӏусыр нэхъыщхьэу къэкӀыгъэщ, гъэмахуэм абы хохьэ хьэпщхупщхэмрэ псы псэущхьэ жьгъей зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ. КъаущэкӀу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.