БабыщкӀэпсыгъуэ
БабыщкӀэпсыгъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Псыбабыщхэр
ЛӀэужъыгъуэ: БабыщкӀэпсыгъуэ
Латин цӀэр
Anas acuta Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175074
NCBI 28680

БабыщкӀэпсы́гъуэ (лат-бз. Anas acuta) — къаз теплъэ лъэпкъ къуэдзэм щыщщ.

Anas acuta
Anas acuta

И инагъэкӀэ курытщ, и пщэр кӀыхьрэ и кӀэр дыд сурэту хуэпапцӀэу. Щхьэр фӀыцӀафэ-гъуабжэщ, тхыцӀэр, джабэхэр щхъуэщ тхыпхъэ фӀыцӀэ хэлъу. Анэр щхъуэ-гъуэбжафэщ. Зы чилым щӀыгъу къешэч.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Мы бабыщ лӀэужьыгъуэм хуабжьу зиубгъуащ. Щогъуалъхьэ Еуропэми, Азиэми, Америкэми. Нэхъыбэу уздыпэщӀэхуэр къэкӀыгъэ зэбэкӀ псыӀуфэхэращ. Псалъэм папщӀэ, гъэмахуэм бабыщкӀэпсыгъуэхэр щыплъагъунущ Псыжъ, Инжыджышхуэ, ИнжыджцӀыкӀу, Тэрч, Бахъсэн я Ӏуфэхэм.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.