Банэжыг
Банэжыг | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Gleditsia triacanthos Linnaeus | ||||||||||||||
|
Банэжыг (лат-бз. Gleditsia triacanthos) — банэжыг лъэпкъэгъум щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынЗи лъэгагъыр м 25-30-м нэс, жьауэ мащӀэ зыщӀ жыгщ. И пхъафэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, жыгыпкъым, къудамэхэм см 10-15-м нэс я кӀыхьагъу банэ куэд ятетщ, тхьэмпэ цӀыкӀу 16-28-у зэхэт, къабзийм ещхь жыг тхьэмпэхэм я кӀыхьагъыр см 15-20-м нос. МащӀэу гъуэжьыфэ къызыщӀэлъадэ гъэгъахэр накъыгъэм-бадзэуэгъуэм, тхьэмпэ къищӀа нэужь, къыпедзэ. Жылэхэр бжьыхьэм ирихьэлӀэу мэхъу, гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, пӀащӀэ-хъурей щӀыкӀэщ.
КъыздэкӀыр
зэгъэзэхуэжынИ щӀыналъэр АШЗ-м и ипщэ-къуэкӀыпӀэ штатхэращ. Абым къырашауэ иджыпстукӀэ сыт хуэдэ къэралми ухуозэщ. Нэхъыбэу къыздагъэкӀыр Еуропэм, Азиэм и ипщэ, курыт лъэныкъуэхэращ, щӀыпӀэ нэхъ хуэбапӀэхэм.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
зэгъэзэхуэжынИ гъэгъахэм бжьэм фо къыхах. Банэ жыгкӀэ хадэ, губгъуэхэр, жыг хадэхэр къраухъуреихь. Ар зэщӀэкӀа нэужь, хадэхэр фӀыуэ Ӏэщым щехъумэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжынХьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.