Бгыкъэщ
Бгыкъэщ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бзупэгъум лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: БзущӀэращӀэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бгыкъэщ
Латин цӀэр
Carduelis flammea Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179230
NCBI 54769

Бгыкъэ́щ (лат-бз. Carduelis flammea) — унэбзу хьэкӀыгъуэм, бзупэгъум лъэпкъым хохьэ.

Нэхъ къуалэбзу жьгъей дыдэхэм ящыщ. Нэхъыбэхэм щыплъагъур къалэтыхьущ. Я теплъэкӀэ къэщӀэгъуейкъым — натӀэр, щхьэщыгум щыщи къиубыду, хулъэр, бгъэгур, кӀащхьэр мамкъутыфэ къыщӀэуэу плъыжьщ, и жьэгъум ӀупщӀу къыхощ ӀэпапӀэ фӀыцӀэ, тхыцӀэр гуабжэщ, кусэ фӀыцӀэхэр хэсу. Анэхэмрэ лъэтэн щӀэздзагъащӀэхэмрэ я щхьэщыгуращ плъыжьыр, адреймкӀэ я теплъэм тэхуфэ къобэкӀ.

И хэкӀыгъуэм щыщ лӀэужьыгъуэ куэдым яхуэдэу бгыкъащхьэр щогъуалъхьэ чыцэр нэхъ здэӀув, бгылъэ щӀыпӀэхэм, нэхъыбэу дзэл, пхъэхуей, жыг мылъагэхэм ягъунэгъуу. Щогъуалъхьэ Еуропэмрэ Азиэмрэ я щӀыпӀэ щхьэхуэхэм. ЩӀымахуэм Къаукъазым къолъатэ. КӀырум и гъунэгъу дыдэщ


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.