БжэндэхъумацӀэ
БжэндэхъумацӀэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бжэндэхъу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бжэндэхъухэр
ЛӀэужъыгъуэ: БжэндэхъумацӀэ
Латин цӀэр
Sturnus roseus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 563170
NCBI 451427

БжэндэхъумацӀэ (лат-бз. Sturnus roseus) — бжэндэхъу лъэпкъщ.

Sturnus roseus

Мыр къызэрыкӀуэ бжэндэхъум хуэдизщ, и лъэтэкӀэкӀи ещхьщ, ауэ теплъэкӀэ къыщхьэщокӀ. И щхьэр, пщэр, дамэхэр, кӀэр фӀыцӀафэщ, адрейхэр плъыфэщ. Адрей бжэндэхъухэм ялъытауэ и пэр гъум кӀэщӀщ, щхьэгуагуэщ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Къэралъыгъуэ хуабэм щопсэу. Гъэмахуэм зэзэмызэкӀэ гупышху къолъатэ. Зэрызхурэ ахэр зыщӀыпӀи щыплъагъунукъым. Илъэс кӀыхьагъым быдэу зэрыӀыгъ гупышхуэщ, псом хуэмыдэу къишыгъуэ зэмагым. Бзу ныбаблэ бжыгъэншэр уафэр щӀахъумэу, цӀыхухэм я щхьэфэцыр ягъэтэджу, гъуэжькуй плъыфэу зэкъуэхуауэ къатоуэ жыг хадэхэм, пытыр пагъэкъабзыкӀри адэкӀэ мэлъатэ.

И Ӏус нэхъыщхьэр мацӀэ лӀэужьыгъуэхэращ. Зы къуалэбзум мацӀэ 200 нэс махуэм ешх, езым и хьэлъагъым хуэди 2,5 хъууэ. КъинэмыщӀауэ, мыхьэмышх гуэри къыхэмыхуэу къуалэбзу гупым пхъэщхьэмыщх жыг хадэхэм япытыр псынщӀэу къыпагъэкъэбзыкӀыр. ЗэрышхакӀуэм къинэмыкӀауэ икӀи хахуэщ. Езыхэм ялъытауэ куэдкӀэ нэхъ пӀащэ къуалэбзухэм, вындхэм, къуалэхэм, къуанщӀэхэм, я абгъуэхэр яхъунщӀэ, зейхэм къытырах, щогъуалъхьэ.

Иужьырейуэ бжэндэхъумацӀэхэр Къаукъазым къыщылъэтар 2002 гъэм и бадзуэгъуэм, Нэгъуей губгъуэм къытеуахэу.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.