БжэнщӀэф лъэпкъыр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: БжэнщӀэф теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: БжэнщӀэф лъэпкъыр
Латин цӀэр
Caprimulgidae Vigors, 1825


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 177958
NCBI 48283

БжэнщӀэф лъэпкъыр (лат-бз. Caprimulgidae) — мы лъэпкъыр зыхыхьэ хэкӀыгъуэм щынэхъыщхьэщ.

Я теплъэкӀэ щхъуэгъуа-бжафэщ; фӀыцӀэ, хужь ӀэпапӀэхэр я кӀэмрэ дамэхэмрэ хэлъу. Я кӀэхэр кӀыхьщ, дамэхэр Ӏузэщ, пэ кӀэщӀхэщ, жьбгъуэхэщ, нэшхуэхэщ, лъэ кӀэщӀхэщ. ЩылъатэкӀэ даущ ирагъэщӀкъым.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Щопсэу мэзылъэ щӀыпӀэхэм, къумхэр зи хэщӀапӀэ лӀэужьыгъуи щыӀэщ. Абгъуэ ящӀкъым. Пасэм щыгъуэ бжэнхэм ящхьэщыт гъудэбадзэхэр я жьабгъуэмкӀэ куэду къэзубыд къуалэбзухэр бжэным ящӀэф къафӀэщӀт. Я фӀэщыгъэцӀэри къызтекӀар аращ.

Лъэпкъыгъуэхэр

зэгъэзэхуэжын

Лъэпкъ къуэдзэ тӀу мэхъу, ахэр лъэпкъыгъуэ 14-лӀу, лӀэужьыгъуэ 69-рэу гуэшащ.

Лъэпкъ къуэдзэхэмрэ лъэпкъыгъуэхэр:


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.