Бзужэр
Бзужэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Вэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бзужэрхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бзужэр
Латин цӀэр
Locustella naevia Boddaert, 1783


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 560839
NCBI 260105

Бзужэр (лат-бз. Locustella naevia) — вэд лъэпкъым щыщ, бзужэр лъэпкъыгъуэщ.

Locustella naevia

Инкъым. И жьэгъур, хулъащхьэр — хужьщ, джабэхэр — гъуэ-гъуэбжафэщ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Къауъказым, Еуропэм, Ипщэ-КъуэкӀыпӀэ Сыбырым, Курыт Азиэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми щопсэу. Лъэтэн фӀыуэ илъагъукъым, удз, чыцэ щӀагъым дзыгъуэм хуэду щӀож. Емышыж уэрэджыӀэщ. Уэрэдбзухэм хуэдэу пщыхьэщхьэм щӀынф щыхуэхъум идеж еублэри жэщыр зэхуэдитӀым блэкӀыху зэпагъэукъым. МащӀэу зэгъэпсэхури нэху щын щӀимыдзэ щӀыкӀэ яублэж, дыгъэр къыкъуэкӀыхукӀэ уэрэд жаӀэ. Нэхъ щыплъагъунур псыӀэ-мэкъупӀэхэм, удз Ӏув лъагэ, чыцэ гуэрэнхэр зэрытырщ. Ищхъэрэ Къаукъазым щогъуалъхьэ, щыкуэдщ, мэлъэтэж.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.