БзукӀэзэгуэх
БзукӀэзэгуэх | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Oenanthe oenanthe Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
БзукӀэзэгуэх (лат-бз. Oenanthe oenanthe) — жьыкъан лъэпкъ, бзукӀэзэгуэх лъэпкъыгъуэщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынЗекӀуэрейщ, кӀэ кӀагуэ занщӀэщ, хужьыфэщ, и дамэ кӀапэр фӀыцӀэщ, кӀэ зэгуих хуэдэу фӀыцӀэ кусэ къыдохьэ. Гъатхэм, уэгум уэрэд жиӀэу къыщехыжкӀэ и дамэхэри кӀэри зэгуэхауэ къотӀысыж.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынКъэрал куэдым щопсэу. ЩӀымахуэр Африкэм, Ипщэ Азиэм, Азиэ Гъунэгъум щырех. Къаукъазым деж нэхъыбэрэ щыплъагъунущ мывалъэ псыхъуэхэм, къущхьэ хъупӀэхэм. БзукӀэзэгуэххэм абгъуэ щащӀ тафэ гъущэхэм, псы Ӏуфэ задэхэм, нэхъыбэрэ уащыхуозэ щӀыгум, мывэ зэтелъхэм, дзыгъуэгъуэу щытахэм, мывэ къыщӀэхыпӀэхэм, къыр зэгуэчыпӀэхэм, къуажэхэм деж — унащхьэхэм, пхъэ зэделъхэм.
Илъэсым тӀо къыреш. ШыщхьэӀум и кӀэхэм гуп цӀыкӀу-цӀыкӀуурэ зуагъуейхэурэ ипщэмкӀэ мэлъэтэж.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынӀус нэхъыщхьэр хьэпщхупщщ: цӀывхэр, щыгъыныхьхэр, хъэндырабгъуэхэр. Бжьыхьэм мэракӀуэ яшх.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.