БзулъэкӀыхь
БзулъэкӀыхь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Ӏуфэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыкъуакъо лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: БзулъэкӀыхьхэр
ЛӀэужъыгъуэ: БзулъэкӀыхь
Латин цӀэр
Himantopus himantopus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176727
NCBI {{{1}}}

БзулъэкӀыхь (лат-бз. Himantopus himantopus) — псыкъуакъо лъэпкъ, бзулъэкӀыхь лъэпкъыгъуэщ.

Himantopus himantopus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Дамэхэр, тхыцӀэр, пщэ, щхьэ щӀыбыр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, щӀагъыр хужьыфэщ. КӀэр кӀыхькъым, занщӀэуэ пыгъэшхъуам хуэдэщ. Пэ занщӀэ псыгъуэ, кӀыхь жанщ. Лъакъуэхэр икъукӀэ кӀыхьщ, плъыфэщ.

Здэпсэухэмрэ шэнымрэ зэгъэзэхуэжын

Мы бзур щыплъагъуну Хы ФӀыцӀэ, Хы МыутӀэ Ӏэгъуэблагъуэхэм щыӀэ хыкъум Ӏуфэхэм, Тэрч и пэм деж. ЩӀымахуэр Хы Каспий и ипщэ лъэныкъуэхэм щизых къахокӀ. Дунейм и щӀыпӀэ бжыгъэм щопсэу. Абгъуэхэр гуп-гупурэ ящӀ. Ар хъумэным йогугъхэу. ЦӀыху ялъагъумэ полъатэри, гум техуэгъуей гоу, хьэбанэ макъым ещхь ирагъэщӀэкӀ. Абгъуэм и гъунэгъу хъуамэ хьилагъэкӀэ зэрыпыӀуишынум пылъщ, елъэшауэ, дамэхэр къыдэмыбзафэ хуэдэ зищӀу. ЩӀыкӀуэкӀэ гузавэкъым, лъэбакъуэ къэси лъакъуэхэр лъагэу дреӀэтей. ФокӀадэм и япэ тхьэмахуэм бзулъэкӀыхьхэр мэлъэтэж.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.