Гупта империэ (санскр.: गुप्त राजवंश, Gupta Rājavaṃśa) — индиэ пэсырей империэ, 320-550 гъэ ди лъэхъэнэм щэӀэуэ, Индостан хы тӀыгуныкъуэм и шыпӀэ нэхъыбэр иубыду щыта.

Гупта Империэ
санскр. गुप्त राजवंश

320 гъэ ди лъэхъэнэм — 600 гъэ ди лъэхъэнэм




Гуптэ империэм и шӀыпӀэр 330-454 гъэм д.лъ.
Къалэнэхъышъхьэ Паталипутра
Бзэ(хэр) санскрит
Дин Хиндудин
Буддэдин
ӀэнатӀэм и хабзэр Пэштыхьей
Лъэпкъ Гупта
Махараджа
 - 240-280 д.лъ. Шри Гупта
 - 319-335 д.лъ. Чандрагупта I
 - 540-550 д.лъ. Вишнугупта

Къэралыр хэзылъхьар Шри Гупта махараджэм, классикэ цивилизациэукӀэ зэфӀигъувауэ къэралыр. Гуптэ империэм и лъэхъэнэр шъэныгъэхэмрэ Ӏэшъагъэхэмрэ я зэфӀэувэныгъэ хъуа. А зэманым етӀуанэ цӀэуэ траӀуар «Индиэм и дышъэ лъэхъэнэ», апщыгъуэм бжыгъэ зэӀухыныгъэхэр щытехуэр щӀэныгъэм, текнологиэм, Ӏэшъагъэм, бзэщӀэныгъэм, тхыбзэм, астронимиэм пэмыкӀ шъэныгъэ бжыгъэхэми псори зэхэту иджы хинду културэм хагъэхьэр. Чандрагупта I, Самудрагупта, Чандрагупта II джоуэ нэхъ цӀэрыӀуэхэм ящыщ Гупта лъэпкъым къыхэкӀа пщыхэм.

А лъэхъэнэм Ӏэшъагъэ нэхъ къыхэщхэр архитектурэ, сын, лэчтхыгъэ бэлыхьхэра. Гуптахэ я зэманыгъуэм хиубыдар цӀэрыӀуэ шъэныгъэлэжьыгъэ Калидаса, Ариабхата, Вараха Михира, Вишну Шарма, Ватсияяна, Прашастапада джоуэ, шъэныгъэ лэжьыгъэм абыхэм халъхьэм и инагъым къэлъытэгъуэ иӀэкъым. Шъэныгъэмрэ ӀэнатӀэм и политикэмрэ Гуптэхэ я зэмэныгъуэм зыкъыгъэрэщӀыжа. Щэхуэным къыбгъэдэлъ къэралхэм хуабжу пылът, ар къышъхьэпэгъу хъуа къэралыр курыту, нэхъышъхьэ Ӏэшъагъэ-щэхуэнымкӀэ, и хабзэхэр Бирмэм, Шри Ланкам, Малай хы тӀыгухэм, Индокитайм нэса хъуа.

Пуранэ япэрейхэри къэлъытэгъуэкӀэ а зэманым тохуэхэр. Империэм и хэкӀуэдэгъуэр къыщыкӀуар Хуна Азиэ Курытым къихьэ нэуж. Гуптэ империэр хэкӀуэда яуж еханэ лъэхъэнэм Индиэр аргуэру къэралцӀыкӀу бжыгъэ зэшъхьэщыдза хъуа. Гуптэ лъэпкъым къыхэкӀа лъакъуэ гуэрэхэр Магатхэм тета икӀэм. А Гуптэхэри мэкӀуэдижьхэ я къэралыр Харша Вардханам иубыда яуж и империэ иригъэжьэн шъхьэкӀэ.

Гуптэхэр къызхэкӀар

зэгъэзэхуэжын
 
Аджанта бгъуэнкӀагъым и лэчтхыгъэхэр

Тхыдэлэжьыгъэ Ананд Алтакарым къызэрилытэтэмкӀэ Гуптэхэр кастэ вайшиям къыхэкӀхэт, ар идиэ пэсырей тхылъхэмкӀэ гурыӀуэгъуэ ишъауэ, зэритхэмкӀэ вайшияхэм къахэкӀыу хъуам я цӀэм икӀэм «Гупта» пагъувэт, ауэ а хабзэм куд ебакъуэхэт. Иджырей тхыдэлэжьыгъэ К. Джаяшуалым зэрилъытэмкӀэ Гуптэхэр джат лъэпкъым къыхэкӀахэ. А къызхихар дзэз тхылъ Пунэмрэ Риддхэпурэмрэ Вакатака регентым, Прабахватигупта тхьэмадэм, Чандрагупта II и пхъум ямкӀэ. А тӀум зэритымкӀэ пхъур Дхарана готрам щыщу. ЗэрыхъумкӀэ а лъэпкъэгъу готрам и шъхьэгъусэр щымыщамэ абым Гуптэхэр къыхэкӀа мэхъур. А гупшысэгъуэр яужми пэмыкӀ тхыдэлэжьыгъэми къыубыда Дашаратха Шармэм, абым пэмыкӀыуи хыгъэхьауэ готра Дхаранар иджыр къыздынэсым Раджастханым идежь щыӀэ. Иджыри зы иджырей тхыдэлэжьыгъэ Х. Райчаудхури къыубыда гупшысыгъэр Гуптэхэр готра Дхаранам къызэрхэкӀахэр. Абым пэмыкӀыу къызэрилъытэмкӀэ гуащэ Дхариним епхауэ щытаху, Агнимитра пщым и нэхъышъхьэ фызым. А аргументымкӀэ япэрей джэз тхылъым зэреджахэр мы тэрэзу къыхэкӀынкӀи мэхъу, тэрэз еджэным къызэригъэлъагъуэмкӀэ Прахаватигуптахэм я анэр, Куберангам готра Дхаранам къыхэкӀауэ. Куэд мышъауэ тхыдэлэжьыгъэ Ашвини Агарвалым Гуптэхэр Брахман лъэпкъым благъэ зэрахуэхъуамкӀэ гугъэ къыхегъэкӀ ахэр Брахманхэм ящыщу.

Шригуптарэ Гхатоткачарэ

зэгъэзэхуэжын

ЗэрыхъумкӀэ Шригуптэ щытетар 240-280 гъэ д.лъ. Тхыдэлэжьыгъэ бжыгъэхэм зэргугъэхэмкӀэ абымрэ и къуэмрэ кушанхэм я уэркъу щытаху. И къуэ лъэужырыт хъуа Гхатоткачыр щытехьар 280-319 гъэхэм. Яуж ихьа Чандрагупта I елъытамэ, тхыдэм Махараджадхираджа джоуэ иратхэтэр, абымрэ икъуэ Гхатоткачарэ Махараджэ къуэдейху я гъугъ яшъыр. V лъэхъэнэм и пэм Гуптэхэр пщы къэрал цӀыкӀу зтӀущ яӀыгъ индиэ пэштыхьей Магатхим идежь.

Чандрагупта I

зэгъэзэхуэжын

Щытетар (319 - 335)

Гхатоткачарэм къуэ иӀа Чандрагупта и цӀу. Чандрагуптэм Личхави пщыпхъу Кумарадеви къэчэ. Личхавихэр Магатхэм и къэрура. Нысэичыжь нэужым Магатхар къылъос Личхавихэми я благъэ хъуауэ, Чандрагуптам и къэралым и гъунапкъэхэр нэхъ бгъуэуэ зэхихын кӀедзэ, Праягамрэ Сакетамрэ иубыдауэ, Магатхэми и нэхъыбэр хэту. 321 гъэм нэгъунэ хэку Гангамрэ Праягамрэ я зэхуакум дэлъу хъуар еубыд. ӀэнатӀапэ Махараджадхираджар зтриӀуэ.

Самудрагупта

зэгъэзэхуэжын
Файл:Ashvacoin.jpg
Дышъэ ахъчэ Самундрагупта и лъэхъэнэм къыдагъэкӀауэ (330-380)

Самундрагуптам ядэ Паракраманкар 335 гъэм зэрихъуэкӀри техьэ и пӀэм, и лӀэныгъэр къэмыс кӀышъэ 380 гъэм тета а пӀэр иӀыгъу, илъэс 45 хуэдиз. Щытехьа къуэдем идежь пэштыхьей Ахичычхатрарэ Падмаватирэ иубыда. Яужым Малуам, Яудхеям, Арджунаянам, Мадхурам, Абхирам джоуэ ятеуа.

И гъашъэ икӀыху и пӀэм тетыхукӀэрэ 380 гъэм, пэштыхьей 20 хигъэхьа и къэралым, и Ӏэнатэр Гималайхэм щыкӀэдзауэ Нармадэ псым нэгъунэ, Брахмапутрам щыкӀэдзауэ Ямунам нэс хилъхьа. ЦӀэуэ зтриӀуар «пэштыхьхэм я Пэштыхь, Дунейпсопщы». Тхыдэлэжьыгъэ Винсент Смитым и гугъ зэришъар «Индиэм и Наполеон» триӀуауэ. ТхьэлъэӀу Ашуамедха яджна (шы укӀыгъэ) иригъэкӀуэкӀт, и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ хэлъыр игъэлъэгъуэн шъхьэкӀэ. Мывэ тхьэлъэӀум ер Лакхнау музейм кӀэлъ.

Самудрагуптар дзэзэчэ Ӏэзэ къуэдеуэ щытакъым, Ӏэшъагъэхэмрэ тхыбзэхэмрэ яшъхьэщыжт куэду. Иде щигъэпсот шъэныгъэхэм я цӀэрыӀуэ: Харишена, Васубантху, Асанга джоуэ. Езыр усакӀыу икӀи джэгуакӀу щытт. Хиндудиным хуабжу пышъат, хъыбархэм къызэрхэкӀымкӀэ Вишну Тхьэм палъыгъэ хузэрихьэт. ПэмыкӀ динхэми я хуэсакъу щытт, Шри Ланкам и пщы Шромэедхваннам пӀалъэ иритат Ботхгайа идежь буддэдин шоджэнхэм я унэ ишъыну.

Самундрагупта и лъэужырытхэр

зэгъэзэхуэжын

Самундрагупта и къуэ икӀи и лъэужырыт Чандрагупта II. Хъыбар жъыдыдэм къызэриӀуатэмкӀэ абы япэ къэралым тетар и къуэш нэхъыжъ Рамагупта, абым сакхэм я пщы Рудрасена II напэтеху къытокӀуэри унафэ хуэшъ и фыз Дхрувадевир къыритыну. Ауэ Чандрагуптар сакхэм я дзэщытыпӀэм макӀуэри Рудрасена II еукӀ. Яужым Гупта къэралым и тхьэмадэ мэхъур Дхрувадевир къэчэри. А хъыбарыр куэдрэ романтикэ усэ хуэду къалъытэт, ауэ джыпсту хэшъыкӀыгъуэ щыӀэ джэз ахъчэжгъей тӀокӀитӀым щымыхъукӀэ Рамагупта еуэ иджыри тхылъ «пэштыхьхэм я Пщыуэ» здеджэм. Апхуэду зэрыхъумкӀэ Чандрагупта II ипэкӀэ тетар и къуэш нэхъыжъыра Рамагупта, (зэркъэралу мыхъуми Видиша и шӀыпӀэм идежь, и ахъчэхэр къыздагъуэтам).

Чандрагупта II

зэгъэзэхуэжын
 
Дышъэ ахъчитӀ Чандрагупта II еуэ (Париж музейм)

Самундрагупта и къуэ икӀи и лъэужырыт Чандрагупта II ӀэтатӀэпӀашъхьэм щытехьар 376 гъэм, илъэс 30 фӀэкӀыу тета (414 гъэм нэгъункӀэ хъун).

ГъушӀ мы улъиуэ пкъыж щыӀэр Кутубминарым и гъунэгъу, пщы Чандрам хутеухуауэ тхылъ тет, гъугъэмкӀэ Чандрагупта II зтупсэлъыхьыр. ЗэркӀидзэр пщым Ванга къэралым (КъуэкӀыпӀэ Бенгалиэм) и дзэм зэртекӀуар. Ауэ аткӀэ зэритымкӀэ пщым и унафэтэри зыхуэныкъуэтэри къуэхьэпӀэмрэ ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэхэмрэ. А заманыгъуэра КъуэхьэпӀэ кшатрапхэм я ӀэнатӀэр щыхэкӀуадэр Катхиварам, Гуджаратым, Малуам- а шӀыпӀэм дыжьын ахъчэхэр яшъын кӀадзэ гуптэ пщым и уэркъ тхьэмадэ абым щыӀэхэм.

Абым пэмыкӀыу пкъыжъым тетыр пщым Пенджабыр иубыдауэ «Индым и псыхъуиблым икӀауэ», вахликхэм ятекӀуа. ВахлакакӀэ санскритым зэджэр Балха и джылэра, ауэ абым къыкӀкъым Чандрагупта II и ӀэнатӀэм зэр Балху иубыдауэ. Тхыдэ тхыгъэ щыӀэхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ Гуптахэм шӀыпӀэ яубыдахэм я къалэ Ӏэташъхьэ яӀэтэкъым, «пэштыхьхэм я Пщыр» ирикъут шӀыпӀэ иубыдахэм я пщыхэм уасэ къыратымрэ и ӀэнатӀэ къэлъытэгъуэмрэ.

Тауэ щымытми IV-V лъэхъэнэхэм Гупта къэралышхуэ зэфӀэува Хьэрып хым щыкӀэдзауэ Бенгал хыжэм нэгъунэ. КъуэхьэпӀэ кшатрапатхэм ятекӀуа яуж, къуэлей хэку Гуджаратымрэ Катхиаварэмрэ иубыда яуж Чандрагупта II ӀэнатӀэ Викрамадитйа (Дыгъэм хуэдэ) къышта.

Гуптахэм я пщым и ӀэнатӀэр куэду джыжьэ кӀуа ипшъэ лъыныкъуэмкӀэ Виндхия Ӏушъхьэхэм къахэкӀыу. Хъыбархэм къызэраӀуатэмкӀэ идежь щыпсоуахэ икӀи щылэжьахэ усакӀэхэмрэ шъныгъэлъжьыгъэхэмрэ ящыщ нэхъ цӀэрыӀуэхэр. Абыхэм зэреджэхэтэр «Нэлъкъутибгъу». Абыхэм яхэтар Калидаса яуж лъэхъэнэхэми цӀэрыӀу къэнар, усэшъэныгъэм. Калидаса цӀэрыӀуэ зэрыхъуар и усэхэм Шрингара (эротикэ) ерагъу къыхэщыгъуэ иӀу хэлъхьэгъуэ ишъхэтэмкӀэ.

Гунхэм я къэкӀуэгъуэмрэ Гуптахэм я хэкӀуэдэгъуэмрэ

зэгъэзэхуэжын

Гуптэхэм я зэманыгъэм и икӀэрей илъэсипшъыр гунхэм я къытеуэгъуэ мэхъур. Гунхэм я убыдыгъуэхэр Азиэ Курытым и лъэпкъхэм я пхырыкӀыгъу щытт. Ахэр ныкъуэ-куэч псэукӀэ зиӀэ лъэпкъу щытхэт. Китайм щыщ зекӀуэ Сун Юным гунхэр Индиэм щылъэгъуа 520 гъэм, я гугъ зэришъыр «пщыӀэхэм щыпсо лъэпкъхэм хуэду, фэм къыхэшъыкӀа щыгъынхэр ящыгъу, шъэныгъэхэми пари хамышъыкӀыу». Я пщы Тораманым 500 гъэм иде, зэкӀуэ хьэлъч ишъа Пенджабым пхырыкӀыу Каушамбирэ Варанасирэ нэгъунэ, Магатхам и кум нэса хъуа. Тхыгъэ Гуалиурам щыӀэмкӀэ (515 гъэ) икъуэ Махиракулам зэр Индиу иӀыгът. Михриулым и къалэнэхъышъхьэр Сун Юным зэритхымкӀэ Гандхарам щыӀэт, ауэ Суан Цзаным зэритхымкӀэ Сагала къалэм иде щыӀэ. Индиэ пщыхэм гунхэм я ӀэнатӀэр къалыта, ар къэзыӀохут Матридасэрэ абы и къуэмрэ я тхылъхэм Гуджарат иде къагъуэтахэр. Индиэм, китайхэм, византий къэӀуэтэгъуэхэр - псори зыуэ и гугъ яшъыр Михиракулам и бзэджагъым. Архиологиэми апхуэду къыхокӀыр VI лъэхъэнэм Ишъхъэрэ Индиэм и хьэлъэгъуэ зэману зэрщытар.

Гунхэм зэфӀэгъувэфынутэкъым къэрал быдэшхуэ, куэд мышъу Кашмир лъэныкъуэмкӀэ ирагъэкӀахэ. Ауэ абым къышъхьэпахэр Гуптэхэракъым. Саураштрам лъэпкъ Майтракхэм псалъэ къуэдейкӀэ Гуптэхэм я ӀэнатӀэр къызэралъытэтэр. Мадхия-Прадешым махараджа Привраджакхэм 470 гъэхэм яуж я тхылъхэм гуптэ пщыхэм я гугъ яшъыжькъым, абым пэмыкӀыу шъхьэхуит хъуахэр Ипшъэ Кошалам я пщыхэр. Гуптэхэм я ӀэнатӀэр хэкуэдэху я къэралым пэмыкӀ лъэпкъхэм зэкъаӀэтын кӀадзэ, я къэралыкум пэт къыхокӀыр лъэпкъ Маукхари джоуэ, яужым ӀэнатӀэпашъхьэ «Пэштыхьышхуэ, пэштыхьхэм я Пэштыхь» джоуэ

Гупта лъэпкъым къыхэкӀа пщыхэр

зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын


Last edited 6 years ago by YiFeiBot