Къамылджэд
Къамылджэд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: МэкъупӀэджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къамылджэдхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къамылджэд
Латин цӀэр
Gallinula chloropus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176284
NCBI 9123

Къамылджэд (лат-бз. Gallinula chloropus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Gallinula chloropus

Щхьэр, пщэр, ныбэ щӀагъыр — щхъуэ-фӀыцӀафэщ; тхыцӀэр — гъуабжэщ; джабэхэм кусэ хужь ирокӀуэ. Пэр гъуэжьщ; дамэхэр, натӀэр — плъыжьщ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Аустралиэм къинэмыщӀа, дэни щыӀэщ. Ди къэралым и ищхъэрэ щӀыпӀэхэм носыр. Щогъуалъхьэ бгъэн, къамыл Ӏув къыздэкӀ псыӀэхэм. Абгъуэр къамылыпкъхэм пещӀыхь, псым щхьэщыӀэтыкӀауэ. Лъэ тхьэпэхэр унэ джэдым ейм хуэдэми къамылджэдыр дэгъуэу псым йос, зыщӀегъэмбырыуэ, къэкӀыгъэ Ӏувым псынщӀэу къыщежыхьыф — чыцэхэм, жыг мылъагэхэм докӀуэй, и лъэпхъуамбэ кӀыхьхэр къыришэкӀыурэ. Щылъатэр зэзэмызэщ. Гъатхэм кӀасэу (мэлыжьыхьым) къэлъэтэжми гъэм тӀо къыреш.

Ӏусым, псэущхьэ нэмыщӀ хэхьэкъым — псы гъудэбадзэ, бэдж, нэщӀэпкӀэ.


  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.