КъуацэщӀэж
КъуацэщӀэж | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Anthus trivialis Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
здигъуалъхьэр щӀымахуэр здырих | ||||||||||||||||
|
КъуацэщӀэж, чыцэщӀэж е чыцэхэс (лат-бз. Anthus trivialis) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынУнэбзум хуэдизщ, ауэ нэхъ зэкӀужщ. Пэ папцӀэщ, лъакъуэ псыгъуэщ, жэным тегъэпсыхьауэ. ТхыцӀэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ, кусэ ӀэпапӀэ кӀыхьхэр ирехыу хэлъу. Ныбэ щӀагъыр улъия-гъуэжьыфэщ, и бгъэмрэ хулъащхьэмрэ ӀэпапӀэ гъуабжэ фӀыцӀэхэр хэсу. МащӀэу дэха кӀэ нэзыр хужьщ.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынКъуацэщӀэжыр щопсэу Азиэм, Сыбырым. Къаукъазым къызэрыкӀуэ къуалэбзущ, мэлъэтэж. Абгъуэ щӀыгъуэм щыплъагъунущ тафэ мэзхэм къыщыщӀэдзауэ къущхьэхъум нэс, мэз лъапэ гъурц зэщӀэкӀахэм, псыхъуэхэм, паркхэм. Хуабжьу сакъщ. МэкъупӀэщӀыпӀэ удз Ӏув щӀагъым къыщижыхьурэ.
Ӏусыр
зэгъэзэхуэжынӀусым и нэхъыбэр дыгъафӀэхэм, мэзыр здэпӀащӀэхэм къыщеубыд: цӀыв, абы и хупсхэр, щыгъыныхь, хьэндырабгъуэ, бадзэ, бэдж, гъатхэмрэ бжыхьэмрэ — къэкӀыгъэ жылэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.