КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр
КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр | ||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||
|
||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||
Strigiformes Wagler, 1830 | ||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||
|
КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр (лат-бз. Strigiformes) — мыбы хохьэ жэщкӀэ щакӀуэ псэущхьэшх къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэр. Абы тегъэпсыхьащ пкъым и гъэпсыкӀэри.
ТеплъэрEdit
Я нэхэр пӀащэщ, гупэмкӀэ гъэзащ, тхьэкӀумэ гъуанэхэр инщ, тхьэкӀумэ къыпфӀощӀ бзий Ӏэрамэ пӀийхэу я щхьэбгъухэм тетыр. Дамэ кӀыхьхэщ, кӀагуэхэщ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ. Цы Ӏув щабэ ятетщ. Хъумрэ анэмрэ зэфэгъущ, ауэ анэр нэхъ пӀащэщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэEdit
Щопсэу мэз, къум, тундрэ, бхыгэм. Лъэтэжу яхэтыр мащӀэщ. Моногамнэхэщ. Абгъуэ лӀэужьыгъуэ нэхъыбэм ящӀкъым, щогъуалъхьэ жыг гъуанэхэм, къыр зэгуэкӀыпӀэхэм, абгъуэ ябгыныжахэм, псэуалъэхэм.
ӀусырEdit
Я Ӏусыр псэущхьэщ — къуалэбзу, гъудэбадзэ. КӀукӀумяухэр зэрыз дыдэ къанэмыщӀа, икъукӀэ сэбэп мэхъу, абы папщӀэ къэрал нэхъыбэм щахъумэ.
ЗэхэгъэкӀыгъуэрEdit
ЛъэпкъитӀ мэхъу, лӀэужьыгъуи 134 къызэщӀиубыдэу. Лъэпкъхэр:
- Tyto
- КӀукӀумяу лъэпкъыр (Strigidae)
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
ТхылъхэрEdit
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.