Тарифэ
Тарифэ (исп-бз. Punta de Tarifa) — Еуропэм и ипшэ дыдэ кӀэух къуапэ. Эспаниэм и Андалусиэ аутоном зэхэтым и Тарифэ къалэм и къуалапэм деж Ӏулъ къуапэ. Къуапэр япэм тӀыгуу щытауэ иджы континентым дамбэкӀэ ирапха щӀым и ипшэ-къухьэпӀэм деж тетщ.
Езы къуапэр Атлантикэ хышхуэмрэ ЩӀылъэку хымрэ я зэхуакум дэкӀ Гибралтар Ӏузэвым и нэхъ зэв дыдэ пӀэ деж щылъщ. Африкэ Ӏуфэм нэс километрэу 14 фӀэкӀ дэлъкъым.
ТӀыгуу щыта Лас-Паломас зэрыщыту Эспаниэм и зауэ ӀэмэпсымэкӀэ гъэухуауэ щытщ, абы къыхэкӀыуи туристхэр къуапэм трагъэхьэну ядэкъым. 1826 гъэм къуапэм тращӀыхьащ маяк, иджы къэс лажьэу тетыр.
Къуапэм и цӀэр къыздыхэкӀыр 710 гъэм Ӏуфэм деж къитӀысыкӀауэ щыта хьэрып дзащхьэ Тариф и хьэтыркӀэщ.
Сурэтылъэ
зэгъэзэхуэжын-
Гибралтар Ӏузэв. ИжьымкӀэ тӀыгу Лас-Паломасрэ къуапэ Тарифэмрэ уолъагъу
-
Тарифэ утету Атлантикэ хышхуэм и фэеплъ
-
Тарифэ утету ЩӀылъэку хым и фэеплъ
-
Лас-Паломас тӀыгур
-
Къупэм деж иӀэ тафэ
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжын
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Эспаниэ теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |