Тэрч (къалэ)
Тэрч (урбз. Терек) — Къэбэрдей-Балъкъэрым хиубыдэ къалэ. Тэрч къедзыгъуэм и къалащхьэ. 1967 гъэм щыщӀэдзауэ къалэцӀэ зэрехьэр.
Къалэ
Тэрч
|
Джылу дэсыр — 19 329 (2013 гъэмкӀэ).
ЩӀыпӀэ здэщыӀэр
зэгъэзэхуэжынТэрч къалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дыгъэкъуакӀыпӀэ ӀыхьэмкӀэ щыӀэщ, Тэрчыпсым и ижь лъэныкъуэмкӀэ зыщиухуауэ.
Къалэр республикэм и бгыгъазэ Ӏыхьэм деж тетщ. ЩӀылъэр захуэщ, ауэ дыгъэкъухьэпэмкӀэрэ ишхъэрэкӀэрэ зиӀэтурэ макӀуэ. Ику лъагагъыр 254 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ. Гъэмахуэр хуабэщ, температурэхэр +40°С нэс докӀуей, щӀымахуэр щӀыӀэ-тыӀэщ, температурэр зэзэмызэхэщ -10°С аткӀэ щехыр.
Къалэм гъущӀ-гъуэгу станцэ Мэртэзей иӀэщ.
Теухуауэ
зэгъэзэхуэжынКъалэр къыщаухуар 1876 гъэрауэ ябж, гъущӀ-гъуэгу станцэ Мэртэзейр лажьэн щыщӀрагъэдзам щыгъуэ. Станцэм и цӀэр пэмыжыжэу щыт Мэртэзей къуажэм и фэеплъу фӀащащ. Апщыгъуэм станцэм елэжь цӀыху тӀэкӀурат абы щыпсор. Ауэ хуэм-хуэмуурэ станцэм и хъуреягъ щӀадзащ унагъуэхэм я унэхэр абдежхэм щаухуурэ къетӀысэкӀын.
1920 гъэм Джылэхъстэнейм и унафэщӀхэм я зэхуэс щыӀащ. Зэхуэс нэужым абыхэм мурад ящӀащ стэнцэм къыбгъурыту къуажэщӀэ щаухуну. УнафэщӀхэр зэрызэгурыӀуамкӀэ къуажэщӀэр Джылэхъстэнейм къыхуэнэжа щӀыхэм и къалащхьэ хъун хуейт.
Япэу ахэр хуеят къуажэщӀэми Мэртэзей фӀащын, ауэ апщыгъуэм адыгэ къуажэхэм я цӀэхэр яхъуэжын щӀадзат, ахэм я пщхэм я цӀэ-унэцӀэхэр зэрызэрахьэм щхьэкӀи, къэралым къытеува советхэм хуадакъым абыхэм я гугъэхэр.
Къэрал зауэшхуэ зэманым щыгъуэ къалэ нэмыцэхэм мазиткӀэ яубыдауэ щтащ.
1967 гъэм Тэрч, къалэ статусыр хуагъэфэщащ.
Джылэ дэсхэр
зэгъэзэхуэжынЦӀыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
1939 | 1959 | 1970 | 1979 | 1989 | 1992 | 1998 | 2000 | 2002 | 2005 | 2007 | 2009 | 2010 | 2011 | 2012 | 2013 |
4 500 | 6 600 | 10 400 | 12 300 | 16 600 | 17 800 | 18 500 | 18 500 | 20 300 | 20 100 | 19 800 | 19 843 | 19 170 | 19 200 | 19 273 | 19 329 |
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)
Лъэпкъ | ЦӀыху бжыгъэр | Ӏыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 16 400 | 85,6 % |
урысхэр | 1 917 | 10,0 % |
Ӏэсетынхэр | 219 | 1,1 % |
адрейхэр | 634 | 3,3 % |
псори | 19 170 | 100,00 % |
- Ныбжь зэхэтыкӀэр (2010 гъэ)
Ныбжьыр | ЦӀыху бжыгъэр | Ӏыхьэр % |
---|---|---|
0 - 14 | 3 508 | 18,3 % |
15 - 59 | 13 100 | 68,3 % |
60-м аткӀэ | 2 562 | 13,4 % |
псори | 19 170 | 100,00 % |
ЦӀыхухъухэр — 8 758 цӀыхуу (45,7 %), цӀыхубзхэр — 10 412 цӀыхуу (54,3 %)
Дин
зэгъэзэхуэжынКъалэм мэжджытиплӀ дэтщ, ахэм щыщу щыр зэӀухахэщ, еплӀанэр ящӀын яух.
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынКъалэм предприятие куэд дэтщ, ӀэнатӀэ зэмылӀэужыгъуэ куэдхэр ягъэзащӀэхэу. Псом нэхъ къэрал псом нэхъ пщӀэ иӀэу дэтыр «Терек-алмаз» предприятиеращ.
ЕджапӀэхэр
зэгъэзэхуэжынКъалэм еджапӀэ куэд иӀэщ, апхуэдэу абы курыт еджапӀиплӀ, зы лицей, зы училищэ, нэхъыщӀэ еджапӀитӀ дэтхэщ. Ахэм нэмыщӀ зы интернат-еджапӀи дэтщ.
Къыщалъхуахэм нэхъ я цӀэрыӀуэхэр
зэгъэзэхуэжын- Щоджэн Алисагъ и къуэ Хьэчим — Къэбэрдей-Балъкъэрым икум къыщекӀуэкӀхэм и министр
- Сэхъу Къэзболэт и къуэ Владимир — Урысейм и Къэрал думэм и депутат
- Аброкъуэ Белостэн и къуэ СултӀан — Налшык къалэм и администрацием и унафэщӀ
- Вэрокъуэ Владимир и къуэ Хьэлид — ОАО «ОРТК Нальчик» и нэхъыщхьэ
Сурэтхэр
зэгъэзэхуэжын-
Тэрч ущыдэлъадэкӀэ
-
Тэрч и урамхэр
-
Тэрч и урамхэр
-
Тэрч дэт предприятиехэм ящыщ зы
-
Автобусхэм и зы къэувыӀэпӀэ
-
Къалэм икур
-
УнэщӀэ дащӀыхьахэр
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |