Аруан куей (урбз. Урванский район, къэр.-балъкъ. Урван район) — Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и зы администрациэ куейщ.

Аруан куей
урбз. Урванский район
къэр.-балъкъ. Урван район
Аруан куей шӀыпӀэтхыпхъэм
Къэрал Урысей
Статус муниципал къедзыгъуэ
Зыхэхьэр Къэбэрдей-Балъкъэр
Къалэнэхъышъхьэ Нарткъалэ
Тхьэмадэ Къущ Хьэсэнбий и къуэ Валерий
Нэхъышъхьэбзэхэр адыгэбзэ, урысыбзэ, балъкъэрыбзэ
Джылэр (2013) 72 260
Ӏувагъыр 160 цӀыху/км²
Лъэпкъ дэсхэр адыгэхэр, урысхэр
Динхэр муслымхэр, чылыстэнхэр
Инагъыр 458 км² (9-рей пӀэ)
Зэманыгъуэ MSK (UTC+3)
Автохэм я номер кодхэр 07

Къалащхьэр — Нарткъалэ.

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

Аруан куейр Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и ипшэ-дыгъэкъыкъуэкӀыпӀэ ӀыхьэмкӀэщ щыӀэщ. ДыгъэкъухьэпӀэмкӀэ Шэджэм къедзыгъуэрэ Бэхъсэн къедзыгъуэрэ, ишхъэрэкӀэ Майскэ къедзыгъуэр, дыгъэкъуэкӀыпӀэмкӀэ ЛэскӀэн къедзыгъуэр, ипшэмкӀэ Шэрэдж къедзыгъуэхэр къыбгъуэдохьэхэр. И инагъыр — 458 км² мэхъу.

Куейм и щӀымкӀэ нэхъ инхэу Шэрэджыпсыр, Арыуаныпсыр, Ахъсырэпсыр, Къэхъуныпсхэр ирожэхэ.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

Куейр 1921-гъэм къагъэхъуащ нэхъыщхьэ къытеувахэм.

1937-гъэм Аруан куейм ЛэскӀэн куейр хагъэщхьэхукӀащ, щхьэхуит куейуэ.

1962-гъэм куеим хагъэхьэжахэщ ЛэскӀэн куеймрэ Совет куеймрэ, ахэм щынэмыщӀ Нартанрэ Джэрмэншычрэ къуажэхэр Шэджэм куейм хэту щтахэр къыхагъэхьащ.

1964-гъэм Аруан куейрр Къэбэрдей-Балъкъэрым и куей ийм и зы куейуэ ящӀащ, Нартан къуажэр Шэджэм куейм иратыжри.

2003-гъэм куейм аргуэру ЛэскӀэн куейр къыхагъэщхьэхукӀыжахэщ.

Административу зэрыугуэшар зэгъэзэхуэжын

Аруан куейм хеубыдэхэр:

  • Къалэхэр
  1. Нарткъалэ
  • Къуажэхэр
  1. Аруан
  2. Джэрмэншыч
  3. Докъушыкъуей
  4. Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей
  5. Къэхъун
  6. Мэрзэхъу
  7. Псыгуэнсу
  8. Псыкуэд
  9. Псынабэ
  10. ФӀыцӀэпс
  11. Шытхьэлэ

Жылэр зэгъэзэхуэжын

ЦӀыху бжыгъэр
2006 2009 2010[1] 2011 2012[2] 2013[3]
75 021 75 088 71 182 71 818 72 034 72 260

Жылэ исым и Ӏувагъыр — 160 цӀыху/км²

Лъэпкъ исхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
адыгэхэр 57 795 80,5 %
урысхэр 8 160 11,4 %
тыркухэр 3 685 5,1 %
адрейхэр 2 142 3,0 %
псори 71 782 100,00 %
Урбанизацэр

Жылу исыр — 71 782 цӀыхуу мэхъу. Абы щыщу 44 % Ӏыхьэр Нарткъалэ дэсхэщ.

ЦӀыхухъухэр — 33 771 цӀыхуу мэхъу (47 %), цӀыхубзхэр — 38 011 мэхъу (53 %)

Ныбжь зэхэтыкӀэр (2010 гъэ)
Ныбжьыр ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
0 - 14 14 142 19,7 %
15 - 59 48 985 68,2 %
60-м аткӀэ 8 655 12,1 %
псори 71 782 100,00 %

Экономикэр зэгъэзэхуэжын

Къедзыгъуэм республикэм нэхъ зызуужауэ япэ итхэм ящыщщ. Нэхъ зрагъэужауэ зэрахьахэр пхъащхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкӀхэмрэ. Нэхъ цӀэ яӀэу къедзыгъуэм итщ предприятиеу 16, абы щыщу 11-р Нарткъалэ дэтхэщ.

Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot