Къэхъун (урбз. Кахун) — Аруан къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ.

Къуажэ
Къэхъун
Къэрал Урысей
Федерациэм и субъект Къэбэрдей-Балъкъэр
Муниципал къедзыгъуэ Аруан къедзыгъуэ
Кординатхэр Кординатхэр: 43°32′14″ с. ш. 43°53′00″ в. д. / 43.537222° с. ш. 43.883333° в. д. (G) (Я)43°32′14″ с. ш. 43°53′00″ в. д. / 43.537222° с. ш. 43.883333° в. д. (G) (Я)
КӀуэцӀ гуэшыгъуэр Ишхъэрэ Къэхъун, Ипшэ Къэхъун
Тхьэмадэ Тамбий Мухьэджид и къуэ Амир
Щыхалъхьар 1846
И инагъыр 35 км²
Ӏувагъыр 210 км²/цӀыху
Лъэпкъхэр адыгэхэр
динхэр муслымхэр
Зэманыгъуэр UTC+3
Почтэ индексыр 361 394
Автом и кодыр 07
ОКАТО 83240000004
Къэхъун (Урысей)
Къэхъун (Къэбэрдей-Балъкъэр)

Хэкумэтхыр зэгъэзэхуэжын

Къуажэр къедзыгъуэм икум итщ. Къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 3 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 32 км дэлъщ.

Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — Псынабэ, Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей.

ЩӀыпӀэм псынэхэр щыкуэдщ, щӀыщӀагъ псыхэр щӀым мыкуууэ зэрырижэм къыхэкӀыу. И ику лъэгагъыр 297 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ.

Къуажэм и дыгъэкъухьэпӀэ лъэныкъуэр Нарткъалэ хыхьэным нэсащ.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

Къуажэр къызыгъэунэхуар Къэбэрдейм цӀэ зиӀауэ щта Докъушыкъуей пшыхэращ 1846 гъэм.

1850-1856 гъэхэм Къэбэрдейм щрагъэкӀуэкӀа щӀы реформэхэм къыхэкӀыу къуажэм къыхагъэхьахэщ пэмэжу щыт къуажитӀ — Пэнэжь хьэблэрэ Ӏэпщэу хьэблэрэ.

1862 гъэм Къуэшырыкъуей къуажэ къиӀэпхъукӀри Докъушыкъуей къуажэ къэӀэпхъуащ уэркъ Шыпщхэр я цӀыхухэр ягъусэуи, къуажэм ипшэкӀэ тӀысахэщ хьэблэщӀэ ящӀхэри. Абы къыхэкӀыу къуажэм цӀитӀ зэрихьэрт — Докъушыкъуейрэ Шыпщейрэ.

1920 гъэм советхэм Къэбэрдейр яубыда иуж,къуажэм и цӀэр яхъуэжащ, пшыхэмрэ уэркъхэмрэ я цӀэр зэрызахьэм щхьа. ЦӀэщӀэу къуажэм фӀащащ — Къэхъун.

Джылэ зэгъэзэхуэжын

ЦӀыху бжыгъэр
2010[1] 2012[2] 2013[3]
7 106 7 227 7 359

Джылэ дэсым и Ӏувагъыр — 210 цӀыху/км²

Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ ЦӀыху бжыгъэр Ӏыхьэр
 %
адыгэхэр 7 026 98,9 %
адрейхэр 80 1,1 %
псори 7 106 100 %

ЕджапӀэхэр зэгъэзэхуэжын

  • Курыт еджапӀэ № 1
  • Курыт еджапӀэ № 2

Сымаджэш зэгъэзэхуэжын

Зы къуажэ сымажэшрэ зы къедзыгъуэ сымаджэшрэ дэтхэщ.

Дин зэгъэзэхуэжын

Зы мэжджыт дэтщ. ЕТӀуанэр ящӀыну къуажэдэсхэм я мурадщ.

Экономикэ зэгъэзэхуэжын

Къуажэм ину щаужьащ бэтрэджан, нащэ икӀи нэгъуэщӀ къэкӀыгъэхэр нэхъ къагъэкӀ. Къуажэм теплицэкӀэ зэрпхьпр.

ЦӀэрыӀуэ къыщыхъуахэр зэгъэзэхуэжын

  • ХьэхъупӀащэ Ӏэсхьэд и къуэ Амирхъан — адыгэ тхэкӀуэ, усакӀуэ.

Гулъытэгъуэ зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын