Псынабэ
Псынабэ — Аруан къедзыгъуэм хыхьэ къуажэ. Псынабэ къуажэ тӀысыпӀэм и щӀыпӀащхьэ.
Къуажэ
Псынабэ
|
Хэкумэтх
зэгъэзэхуэжынКъуажэр Аруан къедзыгъуэм и къуэкӀыпӀэ ӀыхьэмкӀэ гъэзащ, Шэрэджыпсым и сэмэгу ӀуфэмкӀэ Ӏулъу. Къуажэм щыщӀэдзауэ къедзыгъуэ къалащхьэ Нарткъалэ нэс 8 км дэлъщ, Налшык къалэ нэс 34 км дэлъщ.
Къуажэ тӀысыпӀэм щӀы иӀыгъыр 18 км2 мэхъу.
Нэхъ пэгъунэгъу къуажэхэр — Ишхъэрэ Къуэжьыкъуей ипшэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ, Къэхъун къухьэпӀэмкӀэ, Псыкуэд ишхъэрэкӀэ.
Къуажэр Къэбэрдей щӀызахуэм телъщ, республикэм бгытехьэпӀэ Ӏыхьэм хиубыдэу. Ику лъэгагъыр 295 метрэкӀэ хы Ӏуфэм къыщхьэщокӀ. Къуажэм и релефыр и нэхъыбэм щӀызахуэу щытщ. КъуэкӀыпӀэмкӀэ Шэрэджыпсым и гъунэм бгъуэдэту ирокӀуэ Ӏуащхьэ цӀыкӀу Ӏэтахэр.
Къуажэ тӀысыпӀэм псы ресурсхэр щыкуэдщ. ЩӀыпӀэр республикэ псом нэхъ псыкуэд щӀыпӀэу щытщ. ЩӀыщӀагъ псыхэр метрэ 2—2,5-кӀэ фӀэкӀа я кууагъкъым. Абы нэмыщӀ псынэхэр щыкуэдщ. Къуажэ уэрамхэмкӀэ псынэ щӀым къыщӀэжхэр ирижэхэу щытщ. Псынэхэм я куэдагъым къыхокӀ езы къуажэм и цӀэри.
Климатыр уэмщ. Гъэмахуэхэр хуабэу щытщ, курыт температурэхэр бадзэуэгъуэ мазэм +28° нэс докӀуей. ЩӀымахуэр щӀыӀэтыӀэщ, щӀыщылэ мазэм курыт температурэхэр -7° нэс йох.
Тхыдэ
зэгъэзэхуэжынКъуажэр яухуащ 1925 гъэм, Ишхъэрэ Куъэжьыкъуей къыдэӀэпхъукӀа унагъуэхэм, япэ гъэхэми къуажэщӀэр Ишхъэрэ Къуэжьыкъуейм и унафэм щӀэту щытащ. 1928 гъэм къуажэм, щхьэхуэ къуажэ тӀысыпӀэ статус кърат.
1930 гъэхэм къуажэ тӀысыпӀэ щӀым пхъэщхьэмыщхьэ апщӀащхэр щаухуэхэр.
1954—1958 гъэхэм къуажэр Къэхъун къуажэм и унафэм щӀэту щытащ. 1958 гъэм къуажэм щхьэхуэ къуажэ тӀысыпӀэ статусыр хуагъэфащэж.
1963 гъэм къуажэ унафэм щӀэт Мэздахэ къуажэр, Псыкуэд къуажэ тӀысыпӀэм хагъэхьащ.
Жылэ
зэгъэзэхуэжынЦӀыху бжыгъэр | |||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
2010[1] | 2012[2] | 2013[3] | |||||||||||||
1 549 | ↗ 1 567 | ↗ 1 588 |
Джылэ дэсым и Ӏувагъыр — 88 цӀыху/км²
- Лъэпкъ дэсхэр (2010 гъэ)[4]
Лъэпкъ | ЦӀыху бжыгъэр | Ӏыхьэр % |
---|---|---|
адыгэхэр | 1 441 | 93,0 % |
тыркухэр | 91 | 5,9 % |
урысхэр | 15 | 1,0 % |
адрейхэр | 2 | 0,1 % |
псори | 1 549 | 100 % |
Дин
зэгъэзэхуэжынКъуажэм зы мэжджыт дэтщ, еджапӀэ-медресе хэту.
ЕджапӀэ
зэгъэзэхуэжын- Курыт еджапӀэ № 1 — ур. Пролетарскэ, 69.
- ЕджапӀэ пэщӀэдзэ
Сымаджэш
зэгъэзэхуэжын- Къуажэ сымаджэш
Экономика
зэгъэзэхуэжынЩӀыпӀэм псыр зэрыкуэдым къыхэкӀыу, къуажэм нэхъ ухуауэ щытхэщ псыфӀэфӀ къэкӀыгъэхэр.
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынГулъытэгъуэхэр
зэгъэзэхуэжын- ↑ Урысей псо жылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀыу
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2012-гъэм ЩӀышылэм и 1-м ирихьэлӀэу жылэ дэсахэр
- ↑ Урысейм и муниципалнэ къэгъэхъуахэм 2013-гъэм ЩӀышылэм и 1-м ирихьэлӀэу жылэ дэсахэр
- ↑ Ещанэ том. ЕплӀанэ таблицэ. Къэбэрдей-Бэлъкъэрым джылэ исыр лъапкъыгъуэкӀэ зэрыугуэшар, Урысей псо джылэ ис къэбжын 2010-гъэм ирагъэкӀуэкӀам къыхэкӀыу