Джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэ пӀащэщ. Щхьэр, пщэр, бгъащхьэр къащхъуэщ, тхыцӀэр удзыфэщ, пкъы щӀагъыр фӀыцӀэщ, адакъэм и кӀэц кӀыхьхэм щхъуэкӀэплъыкӀэ нэрынэхэр бэуэ хэс. Анэр нэхъ цӀыкӀущ, теплъэри апхуэдэу щӀэращӀэкъым, кӀагуэщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэEdit
ЩӀылъэрыгъуалъхьэщ. Джэджьейхэм цы Ӏув ятету фампӀэхэм къопщ. Ӏэлу щопсэу Пакистэным, Индиэм, Шри Ланкэмрэ я мэзхэм, къуажэхэм я мыпэжыжэу. ЗэрыхуагъэфашэмкӀэ, Еуропэм къышащар е 5-нэ лӀэщӀыгъуэращ, а лъандэри пщӀантӀэ гъэдахэ хьисэпкӀэ къэрал куэдым унагъуэхэм щаӀыгъщ.
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.