Жьэдзыуэ
Жьэдзыуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Лъэхьэнцэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьэдзыуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Жьэдзыуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Жьэдзыуэ
Латин цӀэр
Pelecanus onocrotalus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174693
NCBI 36301

Жьэдзы́уэ (лат-бз. Pelecanus onocrotalus) — жэдзыуэ лъэпкъым щыщ къуэалэбзущ.

Pelecanus onocrotalus

Къуалэбзу пӀащэщ, ч. 10-11 къешэч, хъум и дамэ лъэныкъуэр см. 70-71 нос, анэхэр мащӀэу нэхъ цӀыкӀущ. Теплъэр зэфэзэщу хужьщ, плъыфэ мащӀэ къыщӀэуэу. Дамэ къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэщ. Нэ хъуреягъыр Ӏэлъын сурэту къызэпекӀухь цыншэ гъуэжьыфэм. Цы ятеткъым натӀэми, нэ щӀыбми. Жьэ щӀагъым, къурмакъейищхьэр къыдэкӀуэу, щӀэтщ къэп (дзыо) гъуэжьыфэ. Анэмрэ хъумрэ я теплъэр зыщ.

Ӏусыр бдзэжьейщ.

Здэпсэухэр

зэгъэзэхуэжын

Щогъуалъхьэ Хы ФӀыцӀэ, Хы Каспийм я псы хэлъэдапӀэхэм. КъинэмыщӀауэ, Азиэм, Ищхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Африкэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. ЩӀымахуэр щырах Урысейм и ипщэ гъунапкъэхэм, Азиэм, Африкэм.


  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.