Ингушей, Мышкъыш (Гъэлгъай) Республикэ (ингуш-бз. ГӀалгӀай Мохк, урбз. Республика Ингушетия) — Урысей Федерациэм хэт республикэ. Къалэнэхъышъхьэр Магас.

Республикэ Мышкъыш
ингуш-бз. ГӀалгӀай Мохк
урбз. Республика Ингушетия

Ингушейм и нып Ингушейм и дэмыгъэ
Республикэ Мышкъыш на карте России
Къэрал уэрэд: «Гимн Ингушетии»
Къалэнэхъышъхьэ Магас
И инагъыр

- Псори
- % псым иубыдыр

81-нэ

3 513 км²
?

Джылэр

- Псори
- Джылэм и Ӏувагъыр

72-нэ

516 693 цӀыху (2010)
140 цӀыху/км²

ВРП

- Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ
- ЦӀыхум техуэр

82-нэ

19,2 млрд. руб. (2008)
38,1 мин руб.

Федерал куейхэр Ишъхъэрэ-Къаукъаз
Эконом куейхэр Ишъхъэрэ-Къаукъаз
Нэхъышъхьэбзэр мышкъышыбзэ, урысыбзэ
Президент Юнус-бек Евкуров
Хасэм и тхьэмадэр Алексей Воробьёв
Лъэпкъ зэхуэсым и тхьэмадэр Махмуд Сакалов
УФ-м и къэралым и кодыр 06
Зэманыгъуэр MSK (UTC+3)
Мышкъыш Уикисурэтылъэм

Хэкумэтхыр

зэгъэзэхуэжын
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Мышхэн и хэкумэтх
 
Ингушейм и шыпэтхыпхэр

Мышхэныр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыухьэр: къуэхьэпӀэм — Ишъхъэрэ Осетиэм, къуэкӀыпӀэм — Мычгышейм, ипшъэм — Курджейм.

ШӀыпӀэр ипшъэмкӀэ къушъхьу щыт, ишъхъэрэмкӀэ губгъу. Къэралым и инагъым тэрэзу хэшъыкӀыгъэ иэкъым Мычгышейм шӀыпӀэкэ пэубыдыгъэ зэриӀэм шъхьэкӀэ, абым шъхьэкӀэ зэратхыр 3 400 щыкӀэдзауэ 3 600 нэгъунэ км2.

Хьэйуар — континент къушъхьэу щыт. Курыт температурэр шӀычылэм — 3 щыкӀэдзауэ 10 нэс °C, мэкъуауэгъуэм — 21-23 °C. Уэуэ къехыр 1200 мм нос илъэсым.

Псы нэхъ инхэр: Тэрч, Сунжа, Асса.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Мышхэным и тхыдэр

I мин илъэсыгъуэм ди лъэхъэнэм ипэм Ингушейм и шӀыпӀэм Къобан лъэпкъыгъуэр исауэ щыта. Абы щыгъуэми япэрей къэӀуэтэгъуэ къыхокӀыр вайнахлъэпкъыжьхэм ятепсэлъыхьу.

Лъэхъэнэ курытхэм дзурдзук лъэпкъ зэгуэтхэр ис шӀыпӀэм, Темырлэн 1395 гъэм имыхьа кӀышъэ хэкум. А зэманым щыгъуэ мыслымэн динри хохьэ хэкум.

1770 гъэм Ингушейр Урысей империэм хохьэ, 1860 гъэм щыкӀэдзауэ Терскэ областым хэту.

Джэпуэгъуэ револуциэм яуж 1917 гъэм, куэд мыхъу Къушъхьэ республикэ щыӀа. Советхэм я ӀэнатӀэм зэр Къауказу кӀэхьа яуж 1920 гъэм Ингушейр Къушъхьэ РССА-м хэхьа. 1924 гъэм Къушъхьэ РССА-рыр мэкуэдри абым къыхокӀ Ингуш АКу, ар 1934 гъэм Мычгыш-Ингушей АКу мэхъур (1936 гъэм щыкӀэдзауэ Мычгыш-Ингушей РССА яшъыр).

Къэралыгъуэ зауэшхуэм щыгъуэ Мычгыш-Ингушейм и лъэныкъуэ гуэрэхэр джэрмэныдзэхэм яубыдауэ щыта. Мычгышрэ ингуш лъэпкъымрэ джэрмэнхэм къадэшъахуэ къалъытэри Азиэ Курытым ирагъэкӀхэ. Мычгыш-Ингушейр администрациэ къыхэгъэкӀыгъуэ хуэду мэкӀуэд, къэрал къыбгъэдэлъхэм и шӀыпӀэр хуагуэчу.

1957 гъэм мычгышхэмрэ ингушхэмрэ пӀалъэ ярат я шӀыналъэм ягъэзэжьыфыну, Мычгыш-Ингушейр аргуэру зэфӀагъувэжь.

РССЗ-р зэхэкӀа яуж Мычгыш-Ингушейри зэхокӀхэри иджырей Мычгышейрэ Ингушейрэ мэхъухэ.

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Ингушейм и джылэр

2002 гъэмкӀэ джылэбжыгъэ ирагъэкуэкӀамкӀэ Ингушейм джылу дэсар 467 294 цӀыху. 2010 гъэмкӀэ Урысстатым и къэлъытэгъуэ щыӀэм зэригъэлъагъуэр 532 150 цӀыху.

Лъэпкъ дэсхэр (2002): ингушхэр 77,27 %, мычгышхэр 20,42 %, урысхэр 1,19 %, пэмыкӀхэр 0,34 %.

АдминистрациэмкӀэ гуэшыгъуэр

зэгъэзэхуэжын

АдминистрациэкӀэ Ингушейр куей плӀыкӀэ мэгуэч. Республикэм къалу плӀы дэт, тӀур абыхэм къэралъым и ӀэнатӀашъхьэм кӀэтху.

Куей Хьэблэнэхъышъхьэр  
Джейрах Джейрах
Малгобек Малгобек
Назран Назран
Сунжа Серноводскэ

Сурэтылъэр

зэгъэзэхуэжын

Гулъытыгъуэ

зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр

зэгъэзэхуэжын