Шэшэн Республикэ
Шэшэней, Шэшэн Республикэ (мыч-бз. Нохчийн Республика, Нохчийчьо, урбз. Чеченская Республика, Чечня) — республикэ Урысейм хиубыдэ. Къалэ нэхъышъхьэр — Грознэ.
ШэшэнРеспубликэ | |||||
| |||||
Къэрал уэрэд: «Шэшэн Республикэм и къэрал уэрэдыр» | |||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Грознэ | ||||
И инагъыр - Псори |
75-нэ 17 300 км² | ||||
Джылэр - Псори |
44-нэ 1 370 042 цӀыху (2010) | ||||
ВРП - Зэхэту, иджырей уасэхэмкӀэ |
65,6 млрд. руб. (2008) | ||||
Федерал куейхэр | Ишъхъэрэ-Къаукъаз | ||||
Эконом куейхэр | Ишъхъэрэ-Къаукъаз | ||||
Нэхъышъхьэбзэр | урысыбзэ, мычгышыбзэ | ||||
Республикэм и тхьэмадэр | Къадыр Рэмэзан | ||||
Хасэм и тхьэмадэр | Хучиев Муслим | ||||
Парламентым и тхьэмадэр | Даудов Мухьаммад | ||||
УФ-м и къэралым и кодыр | 20, 95 | ||||
Зэманыгъуэр | MSK (UTC+3) | ||||
Шэшэн Уикисурэтылъэм |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынШэшэн къэралыр Ишъхъэрэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: къуэхьэпӀэмкӀэ — Ингушымрэ Ишъхъэрэ Осетиэмрэ, ишъхъэрэм — Ставропол къэралым, къуэкӀыпӀэмкӀэ — Дагъыстэным, ипшъэмкӀэ — Курджейм.
ШӀыпӀэр ишъхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ губгъу щыт (Тэрч губгъуэ), ипшъэмкӀэ къушъхьу, Къаукъаз Ӏуашъхьэшхуэхэр ирокӀуэ.
Псы нэхъ инхэр — Тэрч, Сунжа, Аргун. Мычгышейм и Веденской куейм Къозэн-Ӏэм (мыч-бз. Къоьвзанан Ӏам) псыхъурей дэт, Ипшъэ Къаукъазым и нэхъ ин, и нэхъ куу.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынШэшэн Республикэм я хабзэкӀэ счыгъуи унагъуэ-лъэпкъэгъу (тейп) зэхэтхэт, ахэр тукхумху зэхэхьэжьху. Лъэпкъ нэхъ гъунэгу мычгышхэм яхущытхэр ингушхэра, зэхэтху лъэпкъ гуп мышкъышхэр мэхъухэ.
Курыт лъэхъэнэхэм Шэшэн Республикэм и шӀыпӀэр Аланиэм хиубыдэт. XIX лъэхъэнэм Урыс империэм и гъунапкъэхэр хигъэкӀуэтэн кӀедзэри Урыс-Къаукъа зауэр къыхокӀ абым. Шэшэныр а зауэр 1860 гъэм еухыр. Револуциэ 1917 гъэм щыӀэм нэс Мычгышейр Урыс империэм и Терскэ областым хэта.
ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ МИРССА-м и шӀыпӀэр джэрмэныдзэм оккупациэ ишъат, абым шъхьэкӀэ 1944 гъэм мычгыш джылэмрэ ингуш джылэмрэ Курыт Азиэм ирагъэкӀахэ, джэрмэныдзэм дэӀэпыкъуэгъу хуашъауэ тралъхьэри лъэпкъхэм. МИРССА-р ликвидациэ яшъри абым ипӀэкӀэ Грознэ област халъхьэ.
1957 гъэм МИРССА-р зафӀагъувэжь.
1991 гъэм РССЗ-р зэгохур, къэралым и ӀэнатӀашъхьэр къэрууншэ мэхъур, Мычгыш Республикэ Нохчи-чо (Ичкериэ) къыхагъэкӀ, и тхьэмаду техьэр Дудай Джохар. Шэшэн Республикэм и хутыныгъэр дунейм и зы къэралым къилъытакъым Урысейри яхэту.
1994 гъэм Япэрей шэшэн зауэр йокӀуэкӀ, 1996 гъэм нэгъунэ, Хасавюрт тхылъхэр кӀэтхэнымкӀэ еухыр, абыхэм зэритымкӀэ Урысейм и дзэхэр Мычгышейм къыдичыжьын хуэйт. Къэралыр Ӏэуэ хэкӀуэдат зауэ нэужым.
1999 гъэм ЕтӀуанэ мычгышей зауэр кӀедзэ, 2000 гъэм нэс зауэр йокӀуэкӀ, Урысейм и ӀэнатӀэм кӀегъэхьэжь къэралыр.
2009 гъэм контыртеррор лэжьыгъэр щагъэтыжь, ауэ зауэ иухам хуэсакъыгъэ хузэрахьэ, иджыри къыздынэсым террористыгъэм и зэраныгъуэ куэду къонэ.
Къэрал-политикэ зэхэтыкӀэр
зэгъэзэхуэжынХэбзэ нэхъышъхьу щытыр Конституциэ, 2003 гъатхэпэм и 23-м къыдагъэкӀар.
Шэшэн Республикэм и нэхъышъхьу щытыр президент (2011 гъэм щыкӀэдзауэ ӀэнатӀэпӀашъхьэм зэреджэнур тхьэмадэ). 2007 щыкӀэдзауэ къэралым и президентыр Къадыр Рэмэзан.
Парламентым 41 депутату хэт, илъэситхукӀэ хаххэр.
Джылэр
зэгъэзэхуэжынРосстатым зэригъэлъагъуэмкӀэ, 2010 гъэм джылу дэсым и бжыгъэр 1 267 740 цӀыху хъут. Ӏувагъыр — 85 цӀыху/км². Къалэдэсу джылэм къахэкӀар 35,3 %.
Абсолуту джылэм и нэхъыбэр мычгышхэра (95,5 %). ПэмыкӀыу дэсхэр урысхэр, къумукъухэр, авархэр, нэгъуейхэр, ингушхэр.
2002 гъэмкэ лэпкъ дэсахэр | |
---|---|
Лъэпкъ | Бжыгъэр[1], мин цӀыху |
Шэшэнхэр | 1 031,6 (93,5 %) |
Урысхэр | 40,6 (3,7 %) |
Къумукъухэр | 8,9 |
Авархэр | 4,1 |
Нэгъуэйхэр | 3,6 |
Ингушхэр | 2,9 |
Къэзанхэр | 2,1 |
Тыркухэр | 1,7 |
1000 фӀэкӀыра |
Хьэблэхэр
зэгъэзэхуэжынМин 10 фӀэкӀыу джылэ здыдэс хьэблэхэр 2009 щӀшылэм и 1-мкӀэ | ||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||||
|
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынШэшэн Республикэм и нэхъышъхьэ лэжьыгъу экономикэр зпылъыр фатэгынымрэ гас къыкӀэхынымрэ елэжьынымрэ, абым пэмыкӀыу губгъуэ лэжьыгъэхэр. Мычгышейм и фабрикэхэр зауэ нэужым куэду хэкӀуэдахэ.
Администациэ гуэшыгъуэр
зэгъэзэхуэжынКъэралым и къалэ нэхъышъхьу щытыр Грознэ, пэмыкӀыу къалэ джоуэ пӀэ зиӀэхэр хьэблэ Аргунрэ Гудермесрэ. АдминистрациэкӀэ Шэшэн Республикэр куеё 15 мэгъуэшыр.
Гулъытыгъуэхэр
зэгъэзэхуэжынТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынШэшэн Республикэ Уикисурэтылъэм? |