Куракущ
Куракущ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Aythya fuligula Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Кураку́щ (лат-бз. Aythya fuligula) — бабыщ лъэпкъэгъум щыщщ, пӀащэщ. ФӀыуэ псым йос икӀи зыщӀегъэмбырыуэ.
Хъумрэ анэ (псэущхьэ)мрэ зэщхькъым, япэрем и щхьэр щхъуэ-плъыфэщ, тхыцӀэр щхъуэ-щхъуэнтӀафэщ, Ӏэпапэ цӀыкӀухэр хэлъу. Анэм и гупэр гъуабжэ-морафэщ, жьэгъумрэ пэ гъунэхэмрэ хужьыфэ къащӀэуэу.
Куракущхэр щогъуалъхьэ Ищхьэрэ Америкэм и къуэхьэпӀэм, Еуропэмрэ Азиэмрэ, Байкал хыкъумым Азиэ Курытымрэ нэсу, бгъэн, камыл нэгъуэщӀ къэкӀыгъэ лъагэхэр зи Ӏуфэ къыщыкӀ псы ежэххэм, хыхэм, хыкъумхэм. Ищхъэрэ Къаукъазым куракущыр щыплъэгъунущ Псыжърэ Тэрчрэ я пэ хы хэлъэдэпӀэхэм, Хы ФӀыцӀэ Ӏуфэм. И нэхъыбэм мэлъэтэж.
Шырхэм псынщӀу заужь, мазитӀ ныбжьым фӀыуэ къалъэтыхь. Апщыгъуэми ахэр гупышхуэ зэрыгъэхъуурэ Ӏэпхъуэурэ псэун щӀадзэ. Илъэсым тӀо цы япхъыж — гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ. Куракущхэм я Ӏусым хохьэ къэкӀыгъэхэмрэ псэущхьэ жьгъейхэмрэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.